Бабыгу Эргун и усэхэр къанэ щIагъуэ щымыIэу зытеухуар сытым дежи зыгъэгулэзу щыта Iуэхугъуэращ – хэкуращ – абы и къэкIуэнуращ, нобэ зыхэт лъэпощхьэпохэращ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
Зы махуэ гуэр бдзэжьеящэм,
Псым зы бдзэжьей къыхидзат жи.
Ар зыщыпсэу псым къыхидзри,
УдзыпцIэм къытридзат жи.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
Бдзэжьейр бампIэу зиукIыжу,
Къыздыхадза псымкIэ еIэт,
И пкъыр зэщIигъэундэрабжьэу,
Къызытехуа удзыр щIыIэт.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
ЖиIэр сытми къыгурымыIуэу,
Лıыжьым зыгуэр къыжриIэт.
ЗэрыкIуэдым иригузавэу,
Бдзэжьейм гу къеуэшхуэ иIэт.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
Гужьеяуэ зиукIыжыхукIэ
И къарур нэхъри щIэкIырт,
Зыри иIэ къримыкIуэу,
ИщIэурэ и псэр IэщIэкIырт.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
Псым еплъмэ гъащIэр илъагъут,
ЯтIэм еплъмэ – лIэныгъэрт,
ЛIэрэ пэтми и гум къеуэрт,
ТхьэмыщкIагъэр, закъуэныгъэр.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, уэ псоми урияпэщ.
Хуитыныгъэ, хуитыныгъэ, бдзэжьейм щхьэкIи улъапIэщ.
Дыгъэри бжьэпэм къыдэкIауэ,