Майерэ Техутэрэ илъэс я зэхуакуу арат, Техутэ нэхъыжьу. И дыщым къэкӏуэжыху Улэ щӏалэ цӏыкӏу адэншэр илъагъут, и щхьэм ирилъытырти и гур хупихырт. Техутэ сабий щхьэкӏэ, хьэл зэрыхэлъыр къытощ, зэпӏэзэрытщ, ӏэпэӏэсэщ.
Дысэ Ятӏэгуэлым кърих ятӏэ фӏыцӏэмкӏэ къупщхьэ уз, щӏыфэ уз зиӏэхэм еӏэзэмэ, Техутэ а гуэл дыдэм кърих ятӏэмрэ Хьэрэмэӏуащхьэ пэгъунэгъуу къыщӏах ятӏагъуэмрэ зэхегъэзэрыхьри, шы сурэт егъэж. Улэ фӏэгъэщӏэгъуэнщ Техутэ зяужь итхэр. Налышык ущыдэлъадэкӏэ фэеплъ щытщ лӏым и шым, и къуэш хуэдэу, зришэкӏауэ. Щӏалэм хуабжьу игу ирохь а фэеплъыр. Къуэш иӏамэ, апхуэдэу илъагъунут езыми. Шыи иӏэкъым, къуэши иӏэкъым. Адэшхуэр щхьэхуэпсалъэщ. И анэр сымаджэщи, къеплъыххэркъым. Анэшхуэращ упщӏэкӏэ щӏигъанэр.
– Сытыт шуудзэм хэтахэм яӏыгъар, ящыгъар? Я сэшхуэхэр сыт хуэдэт? Я къамэр-щэ?
Зэгуэрым Нэхунэ и хъугъуэфӏыгъуэхэр щихъумэ пхъуантэ щӏыхум дэӏэбэри дадэ и къамэр къыдихащ:
– Мис мыпхуэдэ зыӏыгъа яхэтащ. Мыр уи адэшхуэм и адэжым ейуэ щытащ…
Иригъэплъ къудейри дилъхьэжащ. Абы лъандэрэ Техутэ пхъуантэр и гъуэлъыпӏэщ, и тӏысыпӏэщ, и ӏэнэщ, и джэгупӏэщ. Пхъуантэм ӏункӏыбзэ етакъым, ауэ ар зэтезыхыну хуитыр Нэхунэ и закъуэщ. Дыху сабын, абы и мэр зыщӏэзыша щэкӏыщхьэ зытхухрэ гуэлмэдын удзыфэрэ. Абыхэм нэмыщӏ… абыхэм нэмыщӏ хьэдэтепхъуэ, кхъащхьэм траутхэ дыху, сабын фӏыцӏэ, хьэдэр щагъэпскӏкӏэ яӏэрыгъыну хъыдан ӏэлъэ, лӏам и жьэ къупщхьэр зэрыщӏапхэжыну хъыдан хужь… Ахэр езы Нэхунэ и гъэтӏылъыгъэщ. Хьэдэтепхъуэм кӏуэцӏылъщ зэрыщӏалъхьэжыну ахъшэ тӏэкӏури. И нысэмрэ я гъунэгъу нысащӏэмрэ иришалӏэри яригъэлъэгъуащ и хьэдэ хуэӏухуэщӏэр, лӏэмэ, ахэращ пхъуантэм дэӏэбэу къыдэзыхынур.
И анэшхуэм псэ ӏумытыжу еплъыфынукъым Техутэ. И нэхъыжьхэр псори лӏэжын хуейуэ щыщыткӏэ, нанэ иужь дыдэ къинамэ арат. И анэр фӏэгуэныхь щхьэ мыхъурэ? Абы куэд щӏауэ псэ хэмытыжу къыщохъу, есэжащ… «Уи лӏым удыщӏыхьэфынукъым, апхуэдизу зумыукӏыж…», – къыжраӏами, и пкъыр дунейм къытенэри и псэр лӏам дыщӏилъхьащ. Ныбжьым ещхьщ, зэгуэрым ущызэкӏэщӏэплъу лы телъащ, нэкӏущхьэплъу, дыхьэшхырилэу щытащ. Иджы сыт? Щылъщ, мэбауэ, псалъэркъым. Игукӏэ Тхьэшхуэм йолъэӏу гуащэм и пхъуантэ щӏыхум дэлъ хьэдэтепхъуэр езым къыхуащтэну. Нэхунэ иджыри къищэхунщи игъэтӏылъыжынщ… Дыси иӏэщ апхуэдэ пхъуантэ тӏорысэ, ауэ абы дэлъыр нэгъуэщӏщ: тхылъымпӏэ цӏу, пэрытхэ, блафэ, шындырхъуоущхьэ гъэгъуа, удз лъабжьэ, жыг лъахъц. Псы утхъуа гуэр зэрытабдж птулъкӏэдэтщ. Къыхуэкӏуат зы сымаджэ, и лъапэр пыуцӏыныкӏауэ. И фэм щыщ къытрихри а псы хущхъуэм хидзат. Пӏалъэ гуэркӏэ зэхэшыпсыхьынути, къакӏуэу къищтэжын хуеят, ауэ къытригъэзакъым, емыгугъу гуэру къыщӏэкӏащ. Фӏы щӏихакъым – и лъакъуэм е екӏуэри, пахын хуей хъуащ. Птулъкӏэр хыфӏэдзэжын хуейуэ дэлъщ.