Ⅱ
Анэшхуэр къэщтат хъыджэбз цӏыкӏум и ӏэфракӏи и лъэгуажьи уӏэгъапхэ къешэкӏауэ, и щыгъыныр зэхэуфӏеяуэ ӏэплӏэкӏэ къыщыхущӏахьэжам. Ӏэдэм фӏыуэ игу къэкӏат сымаджэщым я уӏэгъэпхым деж ишэу теудахэр иригъэкъэбзэну, иригъэпхэну. Анэшхуэм сабийр зэпеплъыхь.
– Къупщхьэ къута, зэрыпкӏа сыт иӏэкъым жиӏащ дохутырым…
– Делэ ухъужат?! – Жануэс мэшхыдэ. – Уи къуэшым и сабий закъуэр пӏэщӏэкӏуадэ пэтащ. Сэ пщӏантӏэм сыкъыщӏыдэкӏар мыбы си зэран екӏыу жаӏати аращ. Иджы мыбы и анэм яукӏ пэтащ си быныр жиӏэми, пэжкъэ?!
Ӏэдэм и щхьэр пэшым щӏихри щӏэкӏащ. Майе зыри жимыӏэу щысащ апщӏондэху. Адэ къуэшыр щӏэкӏа нэужь, и бзэр къиутӏыпщащ. Майе щыпсалъэ закъуэтӏакъуэххэр унэм щӏэсым я гуфӏэгъуэшхуэт, ауэ иджыпсту жиӏэм Жануэс игъэгуфӏэркъым.
– Кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху. Щӏыкъатибл, благъуэ…
А псалъэхэр сабийм къызыхихар анэшхуэм жриӏэу щыта псысэхэращ.
Илъэсищ щыхъуам, Майе иджыри псалъэртэкъым. Жануэс псысэ цӏыкӏу жриӏэурэ къигъэпсэлъащ. Къыщиудауэ нанэ и псысэхэр жиӏэжырт. Макъхэр тӏэкӏу пӏытауэ къыжьэдэкӏырт, щэхуут зэрыпсалъэр, ауэ ар ӏуэхутэкъым – сабийр къэпсэлъат!
Блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ ятеухуа псысэрат жиӏэжыр. Анэр гуфӏащэри гъащ. Пщыхьэщхьэ хъури, адэр къыдыхьэжащ, мо гуфӏэгъуэшхуэм кърихьэлӏэжащ. Гъэхуауэ таурыхъыр къыжезыӏэжа и пхъур дрихьеящ, кърихьэхащ, и ӏэплӏэм ису хьэблэм дихьэри зыхуэзэм яригъэлъэгъуащ и пхъур зэрыпсалъэр. Хьэблэм дэсхэр унагъуэм къадэгуфӏащ. Хьирэт къежэкӏри нэпс нэпцӏ щӏипӏытӏыкӏащ. Ежэкӏыжри, унагъуэм ящӏэнуӏами хунимыгъэсу, дэлэнищ иӏыгъыу къигъэзэжащ – ар хабзэт, гуфӏэгъуэ хъуамэ.
– Дэлэн къыпхуэсхьащ, Кӏунанэ цӏыкӏу, «дэлэн» жыӏэ! – зыхуригъэзыхауэ хъыджэбз цӏыкӏур хегъэзыхь. Мобыи блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ теухуа псысэр къригъажьэри и кӏыхьагъкӏэ къыжриӏащ.
– Фшхы, кхъыӏэ, фымыгъэупщӏыӏуу, – Хьирэт и нэхэр иригъэджэрэзыхьри щӏэкӏыжащ.
Майе жиӏэж псысэм унагъуэр куэдрэ ирипэгащ. Нанэ къызэрыжьэдэкӏа дыдэм ещхьу къеӏуэтэж. Ауэрэ и ӏэ-и лъэ ищӏу, зытепсэлъыхьхэм запищӏыжу хуожьэ. «Кӏуэм-лъэм, кӏуэм-лъэуэ» щыжиӏэкӏэ, езыри макӏуэ, малъэ. Улэ ар япэу щилъэгъуам, пыгуфӏыкӏащ – сабийщ, мэджэгу. Етӏуанэу, ещанэу… махуэ къэс. Иджы «щӏыкъатиблыр» къыхэхъуащ. Пӏэкум исщи, еплъыхыурэ зыгуэр жеӏэ, макъхэр егугъуу къепсэлъ. «Щӏыкъатибл… щӏыкъатибл…»
Нанэ и щхьэфӏэпхыкӏ гъуабжэр фӏэщэтри, и щхьэц тхъуар къыщӏэщащ, ауэ ари къищӏэркъым, хъыджэбз цӏыкӏум тогузэвыхьри.