– ФIы дыдэщ, си псэр зышхын, – Маринэ и щхьэм Iэ делъэ Нэхунэ. ЦыпхкIэ цыр схуэпхыжыртэкъым, IэкIэ сыпщIурэ зджати Iуданэр гъумыIуэ хъуащ. Аращ фи анэм тыкъырбжьэкъыру къыщIыфIэщIыр. Ауэ фи лъакъуэ цIыкIухэр игъэхуэбэнущ.
– Сэри Iувщ сызыхуейр, Нанэ. ЩIымахуэм Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си лъакъуэр пIыщIэнукъым.
– Сэри Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си ботэм щIэлъу щызгъагъынущ тхьэ, – жеIэ Маринэ цIыкIуи.
– Лъывгъагъ, си дуней нэхухэ, фи лъакъуэхэр хуабэмэ фи 1эпкълъэпкъри пIыщIэнукъым. Сэ иджы сызыгъэсымаджэ узыр си лъакъуэмкIэ къысхыхьа щIыIэм къыхэкIащ.
– Мыпхуэдэ лъэпэд хуабэ щхьэ лъумыт1эгъарэт, Нанэ? Иджыри щIыи лъытагъи щIыIэр хэкIыжынщи ухъужынщ.
– Плъагъуркъэ а си псэр зышхын цIыкIур зэрыгубзыгъэр. Абы хэкIыж иIэкъым, тIэсэ. ЗыкIи къыпхуимыхужыну итIысхьащ а уз хъерсызыр си Iэпкълъэпкъым.
Абы щыгъуэ, си дуней нэху, икъукIэ зэман хьэлъэу икIи гугъуу щытащ. Хэку зауэшхуэр къэхъеяуэ екIуэкIырти фи адэшхуэри абы щыIэт. Сэ си закъуэт. Гъэмахуэм гу цIыкIукIэ сэхуран жэпкъ, жущэн, къэрэкъурэ гъэсыныпхъэу къасшэрт, щIымахуэм IэжьэкIэ пхъэ гъэсын мэзым къисшырт. Си жэм закъуэри щIымахуэм зэрызгъашхэр лъэгуажьэм къэсу уэсым сыхэту гъубжэкIэ къэсхыурэ губгъуэм къисш нартыху бзйирт. Си вакъэри лъэпэдри лъакъуэм фIэщтыхьауэ унэ щIыIэм сыщIыхьэжырт. Мис абы къыхэсха щIыIэ узщ си куэ къупщхьэм итIысхьауэ хуиту сыбэкъуэну Iэмал сымыгъуэту сыкъэзыгъэнар.
Мурат цIыкIурэ Маринэрэ я жьэр Iурыхуауэ я нэр ямыгъэупIэрапIэу цы лъэпэдри яIэщIэкъузауэ яIыгъыу, Нэхунэ жиIэм йодаIуэ.
– МашинэкIэ е гукIэ щхьэ ахэр къыпхуамышэрэт, Нанэ?
– Абы щыгъуэ, си щIалэ цIыкIу, къэралыр къулейсызт, колхозри хуэщIатэкъым. ПолуторкэкIэ зэджэ хьэлъэзешэ машинэм фIэкIа щыIэтэкъым. Ари закъуэтIакъуэт, щыплъагъури къалэрат. Колхозым и Iуэхур нэхъыкIэжт. Вырэ шырэт яIэр. Ахэри зэпэубыдат. Шы нэхъыфIыIуэхэр къэралым яIихри зауэлIхэр ягъэшэсыну, шэгын къырырашэкIыну яшат. Ерыскъыр зэпэубыдат. Жэщ-махуэм зэ фIэкIа сыщымышхэр нэхъыбэт. Нартыху дэч дыкIуамэ, зы кIэчан нэхъ мыхъуми къатщтэу унэм къыздэтхьыну дыхуиттэкъым. Пщыхьэщхьэ хъууэ дыкъыщыкIуэжкIэ хьэсэпэхъумэр я пашэу гъуэгум къыщытпэувырти дыкъащырт: ди матэхэм, пэгунхэм къиплъэрт, ди жыпхэм къиIэбэрт, ди лъакъуэм къыщыщIэдзауэ ди щхьэм къэс дыкъаIэбэрэбыхьырт. Зы нартыху Iэбжьыб нэхъ мыхъуми къыпкъуахамэ, шыпэм урагъэувэрти штабым е колхоз правленэм уахурт, пхуэмыфащэ къуапэсырт. Суд Iуэху ящIу тутнакъэщым урагъэтIысхьэныр зыми щыщтэкъым. НэхъыкIэжырати трудодень ятх мыхъумэ, гъэ псом дызэрылэжьам къыпэкIуэу зы сом е зы гъавэ чилэ къыдатыртэкъым.