– Тобэ ирехъуи, – жеIэ Шэмсэдин, я бзэр мыпсалъэ пэтми, Нэхунэ зэрыщымыIэжыр къагурыIуауэ нэщхъейуэ аращ.
– Мыщэ кхъэм кIуэри, си анэм и кхъащхьэм бгъэдэсащ, – жеIэ Мурид.
– Уи фIэщу жыпIэрэ?! – къоуIэбжь Исмел. – Модэ феплъыт, тхьэм ирещIи я тIур гукIэ зопсалъэ. Псэущхьэхэр, псом хуэмыдэу хьэр губзыгъэщ.
Жэщыр хэкIуэтауэ гъуэлъыжа иужь, Мурид пщIыхьэпIэу и нэгум щIокI:
– НытIэ, КIущэ, уэрэ сэрэ ди псэукIэ хъунур сыт? – щIоупщIэ Мыщэ.
– СщIэркъым, сщIэ мыгъуэркъым.
– Сэ сэлъытауэ, уэ уи Iуэхур нэхъыфIщ, КIущэ. УмэжалIэмэ, нэгъуэщI умыгъуэтами дзыгъуэ е бзу къэбубыд хъунущ. Сэращ гупсысэ хэхуар. Хэт иджы сэ сызыгъэшхэнур? Хьэхэбасэу уэрамым сыдыхьэжыну къысхуегъэзэгъыркъым.
– Умыгузавэ, Мыщэ, иджы Мурид къуажэм къэIэпхъуэжыну къыщIэкIынщ. И анэм и лъахэр ибгынэнкъым. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэри гущIэгъу гуэр уиIэн хуейкъэ. Сыт хуэдэу щымытми илъэс Iэджэ хъуауэ мы пщIантIэмрэ Нэхунэрэ бохъумэ. Уи хьэтыркIэ мы лъахэр джэгупIэ ямыщIыжу хъума хъуащ. ПщIантIэм и закъуэ, хьэблэри къыпфIэлIыкIырт. Уэр щхьэкIэ Нэхунэ нэ лейкIэ къеплъхэрт.
– Хьэуэ, КIущэ, а уэ къыубжэкI къомыр зи фIыщIэр сэратэкъым, атIэ Нэхунэ тхьэмыщкIэрт. ЦIыхухэм фIыуэ къалъагъурт ар. И жэгъуэгъу дыдэхэми и зыгуэрым жиIэ хъуми занщIэу Iурагуэжырт.
– Пэжщ, КIущэ, а уэ жыпIэр. Ауэ Нэхунэ щымыпсэужмэ иджы дэри цIыхухэм тегушхуэгъуафIэ дыкъащIынущ. Абы шэч къытомыхьэ.
– Дауи, уэ узахуэу къыщIэкIынщ. СщIэртэкъым, сщIэ мыгъэркъым дэ къытпэплъэ псэукIэр зыхуэдэнур.
– Хэплъэгъуэщ, КIущэ, ди Iуэхур, хэплъэгъуэщ.
– Сэри фIыуэ сыкъилъагъурт, Нэхунэ,– къыщIоткIу КIущэ и нэпсыр, – пщэфIа нэужь, сэ япэ сигъашхэрти, итIанэт езыр Iэнэм щетIысылIэр.
– НэгъуэщI мыхъуми Жансурэт гущIэгъу гуэр хэлъу щытамэ аратэкъэ. Сигъэшхэн дэнэ къыщына – сыкъызэрилъагъуу сыт япэ къыIэрыхьэми къызеутIыпщ.
– Ар къызэрыкIуэжу си тхыцIэмкIэ сыкъеIэтри вырвырв жиIэу унэм сыкъыщIеутIыпщыкI. Нэхъапэм Нэхунэ къысщхьэщыжырт, иджы…
– Нэхунэ цIыху дыщэт, КIущэ. Абы и гъусэу дылIэу дыщIалъхьэжамэ куэдкIэ нэхъыфIт мыпхуэдэу зеиншэу дыкъэна нэхърэ. ИкъукIэ гупсысэгъуэшхуэщ ди Iуэхур.
– КуэдкIэ нэхъыфIт, Мыщэ.
– НакIуэ хадэмкIэ, КIущэ, ди псэукIэ хъунум дегъэгупсыс, унафэ гуэри дыгъэщI. ГущIэгъу къытхуэзыщIын мы пщIантIэм щыдэмысыжкIэ, дэри абы дэтщIыхьыжын щыIэкъым.
– Мурид-щэ, Мыщэ?
– Шэч хэмылъу уэрэ сэрэ абы дызыхещIыкI, дыфIэгуэныхьщ. КъыщыкIуэжкIэ лы къыздехьри дегъэшх.