ИтIанэ фIымрэ Iеймрэ зэпэщхьэхуэу тэрэзэ мэзаным иралъхьэри зэпашэч. ФIыр нэхъыбэрэ иришэхмэ и насыпщи, кIэ зимыIэ ахърэт гъащIэр и псэр тыншу игъэкIуэнущ. Iейм иришэхрэ – езым илъагъуурэ и кхъэлэгъунэр зэв, кIыфI, щIыIэмыл хъунурэ и ахърэт гъащIэр и гугъуехьыр телъу ирихьэкIынущ.
– НытIэ си Iуэхущ Жансурэт теухуауэ а тхылъышхуэм къэрэндащ плъыжькIэ зы псалъэ нэхъ мыхъуми иратхэмэ, – жеIэ КIущэ. – Дэ удыну къыдипэсар къамылъытэми, уэ абы бэлыхьу узыхигъэтар, псалъэ дыджрэ фIейуэ къуипэсар къелыжу ирикъунщ щIы къатиблым ирырагъэкIуэну.
– Ар пэжщ, – жеIэ Нэхунэ, – азалыхьым деж нэмысын псалъэ куэд схуэмыфащэу къызипэсащ абы, ауэ сыт къызищIами, сыт къызжимыIами хузогъэгъу, къыхурегъэгъу псори абы Алыхьым.
– Сыт щхьэкIэ? – къоуIэбжь Мыщэ, – ар дауэ уи псэм тебгъэхуэну! Къелэжь абы Алыхьым и нэлат псори.
– Хьэуэ, тIэсэ, сэ сыхуейкъым си зэранкIэ ар бэлыхь хадзэну. Сыт хуэдэу къысхущымытами, си къуэм и щхьэгъусэщ, си къуэрылъхухэм я анэщ. ЩыремыщIэ а си псэр зышхынхэр анэ гулъытэ.
– Мис апхуэдэу ухущытти аращ дунейм ущытетми ар къыпкIуэцIытIыхьу ущIигъэпсэуар, – жеIэ Мыщэ.
– КхъыIэ, Нэхунэ, – мэлъаIуэ КIущэ, – хъунумэ къыджеIэ уэ щхьэкIэ бегъымбархэм я тхылъышхуэм иратхауэ къызыпхуеджэжар.
– Сыт щхьэхуэу абы и гугъу щIэзвгъэщIыр, – жеIэ Нэхунэ, – ар си кхъэлэгъунэм и теплъэм къегъэлъагъуэ.
– Ари пэжщ, ауэ итIани мелыIычыр къызэреджэ дыдэм хуэдэу къыджеIэжыт, – мэлъаIуэ аргуэру КIущэ.
– Хъунщ, ауэ щхьэщытхъугъэу къыфщымыхъу. МелыIычым IэщIэлъ тхылъышхуэм и напэхэр къызэригъэдзэкIыурэ ди къуажэм щыщу мы ахърэтым къэкIуэжахэм я деж щынэсым, си цIэр жеIэри, си тхьэкIумитIымкIэ зэхэсхыу къоджэ: «ЦIыхухэми псэ зыIуту дунейм тет нэгъуэщIхэми я жагъуэ ищIакъым, ягу хигъэщIакъым, и адэ-анэм, и щхьэгъусэм, и бынхэм я тыншыпIэ лъыхъуащ, ерыскъыкIэ хэти хуэжумартащ,зы дзэкъэгъуэ фIэкIа и унэ щIэмылъами, ар тIу ирищIыкIыурэ, зыр мэжалIэм иритащ, гъунэгъухэр, Iыхьлыхьэр фIыуэ илъэгъуащ, игъэпэжащ, и гум илъыр зыуэ, и жьэм къыжьэдэкIыр нэгъуэщIу, пцIы иупсу, хьэрэм ишхыу дунейм тетакъым…»
– Иджы, си псэм хуэдэхэ, фэри фыкIуэж, сэри тIэкIу зызгъэпсэхунщ, – жеIэри Нэхунэ и напIэр иредзыхыж.
***
Мурид къэушмэ, а псори пщIыхьэпIэу и нэгум щIэкIауэ арат. Ауэ и анэм и ахърэтыр зэрыдахэм, азалыхьыр къызэрыхуэарэзым щыгуфIыкIыурэ и Iупэр фIызэтежу пIэм къыщитэджыкIкIэ, Жансурэт гу лъетэри: