– Шухьиб сытри и щхьэм ирипэс щхьэкIэ, си къуэм и напэр апхуэдэкIэ трихыжынукъым. Си къуэр интеллигент щIалэщ.
– Еплъыт абы жиIэм! Сыт мыгъуэр хэпщIыкIрэ уэ интеллигент жыхуаIэм? Сы интеллигент жыпIэу плащ техъукIарэ туфлъэ лъэдакъэ Iушэрэ пщыгъыу къэпкIухь нэхърэ уи ныбэр дубленкэм къыдэхуу уэ пхуэдэхэм уахэтмэ куэдкIэ нэхъыфIщ. Мис апхуэдэущ зэрыгупсысэр а уэ хьэм ебгъэхь Шухьиб. Зы фыз иIэщи, зы махуэм щыгъар етIуанэ махуэм щитIэгъэжыркъым. Адрей и щыгъынхэм я гугъу сщIынкъыми, махуэ къэс лэжьакIуэ зэрыкIуэ бэлътом пщампIэу телъыр мех нэхъ лъапIэ дыдэ ламэщ. Шухьиб хуэдэм ауан сыкъищIу зы махуэ сыпсэуну сыхуейкъым. Моууэ жылэ цIыхум ещхьу дыпсэуну щIэддза къудейуэ къыттепсыхэжащ. Щхьэ зыфIэмыт лIы уиIэмэ аращ къыпщыщIынур.
Ар Нэхунэ хуэмышэчу, и IитIыр зыщIигъакъуэурэ къызыфIотIысхьэри, абыкIэ и къуэр зэрымыкъуаншэр Жансурэт гуригъэIуэну хэтщ.
– «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэ, Жансурэт, псомкIи си къуэр умыгъэкъуаншэ. Уэри тIэкIу узыщIэгупсысыж хъунущ.
Къилэжьри къихьри уфIэмащIэу, мыр дгъуэтыркъым, мор диIэкъым, мыбы дыхуейщ мобы дыхуейщ жыпIэурэ имыщIэн ебгъащIэри зэвгъэпэща мылъку тIэкIур абы текIуэдэжащ.
– Догуэ, фызыжь, уи къуэр къызэрина сом минищэр сэ скIуэцIыкIуэдауэ жыпIэну ара иджы узыхэтыр! ЛэжьэкIэ, зэгъэкIуэкIыкIэ жыхуаIэм хъырц хищIыкIыртэкъым, ныджэм къытена бдзэжьейм хуэдэу, ишха тIэкIур сэтей къэхъуащ. Сыт хуэдэу щымытми сыдопсэу, бын хуэзгъуэтащ жысIэри унэлъащIэ тIэкIур тщэжри къэрал ахъшэр дыпшыныжащ. КъыбгурыIуа иджы, Алыхьым щIым щIигъэлъэдэн фызыжь. Уэращ псори зи лажьэр. Ди щхьэм дыхуиту нобэр къыздэсым зы махуи дыпсэуакъым. Уоу, азалыхь, – и IитIыр иIэтауэ унащхьэмкIэ доплъей Жансурэт, – уэ ущыIэр пэжу щытмэ, си щхьэр пхуэзгъэтIылъауэ щIым натIэкIэ сейуэу сынолъэIу мы фызыжьыр икIэщIыпIэкIэ и щIы щIагъ лэгъунэм пшэжыну. Зы жэщ-махуэм зэ фIэкIа ущымышхэр нэхъыбэу уи гъащIэр ибохьэкI, итIани зы мэскъалкIэ зумыхъуэжауэ узэпсыжу уопсэу. Уи щIалэгъуэм щыхь куцIрэ фо цIынэкIэ уагъэшхами ярейт уэ.
– Ей, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ къыбжьэдокI уэ нобэ, ауэ си ныбжь унэсрэ нысэ уиIэ хъумэ уигу сыкъэгъэкIыж. Мис абы щыгъуэ псори къыбгурыIуэжынщи…
– Си ныбжь унэсмэ жыпIа? Сэ абы сызэрынэмысынур уэ, езым, фIы дыдэу уощIэ. Уи къуэ псэукIэмыщIэмрэ уэ нэуэжьымрэ фшхащ си нервыр. Къэнэжа тIэкIури уэ укъыстрилъхьауэ зыхыбофыщIэ. Фызыхуейр сыт зо?! ТIэкIу щхьэ фыскIэрымыкIрэ! – Имакъым къызэрихькIэ мэкIий Жансурэт, итхьэщIу иIыгъ тепщэчыр еIэтри «баргъэщ» – жиIэу унэ лъэгум иредзэ. ЗыщIотIысыкIри и нэпсхэр топым хуэдэу къещэщэхыу, магъ.