Лъэпкъ антологием уи усыгъэр хагъэхьэныр усакIуэм и зэчийр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ зы Iуэхушхуэщ. Сытыт ахэр (усэхэр) нэхъыбэу зытеухуар жыпIэмэ, псом ипэ итщ хуитыныгъэ темэр – псалъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ образ хьэлэмэтхэр къигъэщIурэ усакIуэм къигъэлъэгъуащ а щытыкIэ лъагэр, лъапIэ дыдэр. «ЦIыхур насыпыфIэу псэунумэ, цIыхубэм хуитыныгъэ игъуэтын хуейщ» – мы гупсысэращ усакIуэм и творчествэ псом гухэлъ нэхъыщхьэ хуэхъуар. Укъыздалъхуар хамэщIми, хэкужь зэрыуиIэр зыхэпщIэу, ар унапIэ пщIыжыныр уи гугъапIэу щытын хуейщ Эргун и тхыгъэхэм хуэдэ къэбгъэщIын папщIэ. Ар зэрыпсэуари апхуэдэущ – езым хузэфIэмыкIынрэ зэрыщымытрэ усыгъэкIэ къигъэлъэгъуакъым. СыусакIуэщ жиIэуи мыхьэнэшхуи зритыжакъым (мыхьэнэ езытар сэращ). Сыусэнщ жиIэу лейуэ къалэмыр къищтакъым, атIэ и гукъеуэ мащIэр, зэрыхъукIэ усэбзэкIэ къиIуэтауэ аркъудейщ – усэбзэр и анэдэлъхубзэу къыдэпсэлъауэ аращ.
АдэкIэ – зэныбжьэгъугъэ, зэкъуэшыныгъэ, лъагъуныгъэ темэхэращ. Ахэри гъэщIэгъуэну къэIуэтащ. Эргун и творчествэ псом хуитыныгъэм бгъэдэту щыпхышат Хэкужьым ехьэлIа темэр – мы тIур и тхыгъэхэм щызэпыщIат – дуней псом текъухьа хъуа и лъэпкъыр хэкужьым къызэрыришэлIэжын, адыгагъэр, адыгэ хабзэр – ахэр къызыпкърыкIыж адыгэбзэр ящымыгъупщэжын къудей мыхъуу, куууэ зрагъэщIэн, я гупсысэкIэ, дуней тетыкIэ ящIын, и лъэпкъым и щхьэм кърикIуаращ, нобэ и щытыкIэращ, и пщэдейращ. Хэкум къимыгъэзэжмэ, адыгэр зэрыкIуэдынум шэч къытрихьэжтэкъым усакIуэм: «Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу, Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ». Феплъыт:
Хуэм хуэмурэ уокIуэдыр, адыгэ щIалэ,
Хабзэр, бзыпхъэр пфIокIуэдыр,щIэхыу къэгъазэ.
Уи бзэ пщIэжкъым – тыркубзэр пфIыхэзэрыхьащ,
Уи хабзэм хамэ хабзэр пфIытезэрыхьащ.
Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,
Мыр зи бзэр дэращ, зи хабзэр дэращ.
Хэт нэхърэ дынэхъыкIэ, ди бзэ дымыщIэну?
Дэ ди хабзэр нэхъыкIэ, хабзэ дымыщIэну?
ТIэщIэкIынщ а псори, зэуэ тфIэкIуэдынщ,
Ди бзэр, хабзэр тфIэкIуэдмэ,дэри дыкIуэдынщ.
Къэгъазэ си къуэш, къэгъазэ си шыпхъу,
Мыр зи бзэри дэращ, зи хабзэри дэращ.
(Бабыгу Эргун, «Къэгъазэ»)
Бабыгу Эргун, хамэщI щыпсэу адыгэ куэдым ящхьу, адыгэбзэр езым зригъэщIэжат. И анэдэлъхубзэмкIи тхыгъэ кIэщIхэр, усэхэр итхт. Къалэныр зыгъэзэщIэн щыщымыIэм деж, уимыкъалэнри уи пщэм къыдохуэ жы хуаIэрати, Тырку къэралыгъуэм иджыри адыгэбзэр хуит имыщIауэ, Истамбыл дэт адыгэ хаситIым адыгэбзэ курс къыщызэIуихри, щIалэ гуп адыгэбзэм хуригъэджащ. Эргун мыегъэджакIуэми, езым нэхъыфI щи мыгъуэтым, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъуат. Тыркум иджыпсту щызэхэпхынщ Эргун-егъэджакIуэм теухуауэ хъыбар дахэ куэд. Абыхэм псоми зэтехуэу зы жаIэ – Эргун хабзэ дахэ, нэмыс хэлъу зэрыщытар, гъэсэныгъэ екIурэ лIыгъэрэ зэрыбгъэдэлъар. АбыкIэ фIыщIэр зейр къэзылъхуахэращ, дауикI. Ауэ уэ убгъэдэмылъыр цIыхум ептыфын? Сэ мыбыхэм я Iуэхум фIыуэ сыщыгъуазэщи, схужыIэнущ хасэхэм деж бзэрэ хабзэрэ щептыну икъукIэ зэрыгугъур. Мыхэр езыхэр зэмыфэгъу защIэу зэхэлъщ – ныбжькIи акъылкIи зэтемыхуэу, абыи къыщымынэу, хэт къэбэрдейуэ, хэти адыгейуэ, абы нэгъуэщI лъэпкъхэри къахэзэрыхьу. Абыхэм я егъэджэныр идея лъагэу уи щхьэм имылъмэ, сомрэ зэманрэ мы Iуэхум пхутегъэкIуэдэнукъым. Ауэ, Эргун и щабагъым, и гум и дахагъым, и лIыгъэм, и адыгагъэм – щIалэгъуалэр къыкIэлъыкIуэт.