Азалыхьым фигъэузыншэ, ауэ си ныбжь унэсмэ псори уэр-уэру къыбгурыIуэжынщ.
Хьэри джэдури къыхэпщIэукIыу здэщытым деж къыщына мыхъумэ зы лъэбакъуэкIи Нэхунэ къыдэкIуэтакъым. Ажалым хуэдэу ахэр Жансурэт щошынэ. Дауи щымышынэнрэ, пщIантIэм къыдыхьэжыху белми хьэнцэми, бжьэгъуми япэу къыIэрыхьэр яриутIыпщ мыхъумэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми я щхьэм Iэ дилъакъым.
Зы щэбэт махуэ гуэрым къуажэм, кIуэжыну хуэмейуэ, залмыгъэкIэ и лIым ишэжырт ар. Я бынитIри гуфIэт къуажэм зэрыкIуэжым щхьэкIэ. Жансурэт и нэщхъыр зэхэукIат, уIурыIэбэ хъуртэкъым, зы псалъэ нэхъ мыхъуми зэрыжыраIэу, и губжьыр зыгуэрым тримыкъутэу цIыхупIэ зэримыувэжынум и щыхьэту, къыщиудырти яхуэмыгъэувыIэжу псалъэрт.
Нэсыжу псори зэгъусэу Нэхунэ и пщIантIэм щыдыхьэкIэ, къызэрыщыгуфIыкIым и щыхьэту, и кIэр игъэкIэрахъуэурэ хьэр абыхэм къапожьэ. КъызыкъуэгушхукIри кIуэжыхукIэ абы и пщэр IитIкIэ яIыгъыу едэхащIэ сабийхэрщ. Мурат цIыкIу «Мыщэ, Мыщэ» – жиIэурэ хьэм щыпежьэкIэ, Жансурэт мапхъуэри и Iэблэр еубыд. «УздэкIуэр дэнэ? Хьэри уэри…» Бжыхь джабэм кIэрыт гъущI гуахъуэр, и къащти и идзи зыуэ, хьэм иреутIыпщ. Гуахъуэр хьэм и джабэм хоуэри, пщIэууэ хадэм йолъадэ. Ар зылъэгъуа Мурат цIыкIуи гъынанэурэ и анэм жреIэ: «Мыщэ гуахъуэр хэбгъэуащ. Уэ апхуэдэу къуащIэм уи фIэфI хъуну! Тхьэ Нанэ жесIэнщи уезмыгъэукIмэ».
– Азалыхь яукI плъагъумэ щIым ущIэлъадэу… КIуэцIрымыхун, уэри а си нэм къыщIэуэхэм урателъхьэщ. Сэ зыращ псоми фхуэмыгъалIэр, – Жансурэт Мурат йощхьэфауэ. Маринэ Мурат къыщхьэщожри, и Iэшт1ым цIыкIумкIэ и нэм щIэIуэтыхьурэ, зыщодж.
– Уэри узыхуейр арамэ, мэ! – жеIэри, щIау жригъыIэу, Маринэ и нэкIур хущIехулыкI. – Псори фызэщхьщ, псоми фи дзэр сэ къысхуволъ! – Хьэблэм дэсхэр къигъаплъэу, Жансурэт мэкIий.
Мурид, хьэм тридза удыным игъэнэщхъеяуэ, зыри хужымыIэу дакъикъэ зытIущкIэ щытщ. ИтIанэ зыкъызэкъуехри:
– ЦIыхугукъым уэ пкIуэцIылъыр, атIэ гъущIыгущ ахъумэ зи бзэ мыпсалъэ а псэущхьэм апхуэдэ лей епхынтэкъым. Сыт уэ абы къуищIар? «Кхъуэм и губжьыр хьэм трелъхьэ» жыхуаIэм ухуэдэщ уэ. Си анэр къытпежьами арауэ къыщIэкIынут уэ епщIэнур.
– Ди анэ, си анэ… Бдзэжьей къупщхьэу си тэмакъым зэпрууэ телъщ а псалъэр, узыхуейрауэ щытмэ. Ди щхьэ дыхуимыту нобэр къыздэсым допсэу. Щэбэти тхьэмахуи диIэкъым. ЦIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь къалэ паркым яужь дыдэу дыщихьар къысхуэгубзыгъыжыркъым, си лIы цIыкIу.