Ауэ, КIущэ, къызжиIакъым жумыIэж, а ахъшэ тIэкIур сызэриIэр нысэм къебгъэщIэнщи пхуэзгъэгъункъым. Ар абы и тхьэкIумэм къицырхъэмэ, сIэщIигъэкIыху увыIэнукъым. «Къэдлэжьыр тхурикъуркъым, псори къыдощэху, сабийхэм махуэ къэс витамин зыхэлъ ямышхыу хъунукъым» – жиIэу къэтIысынщи, плъэкIмэ йомыт. Сэри сабийхэм си гур яхупехри, къызат пенсэ тIэкIур ятызэгъэкIуадэ.
АбыкIи и гур загъэркъым Жансурэт. Си щIалэ закъуэм зэпымыууэ иреудэкI къивыкIыу къулейхэм зэращымыщыр. «Ину зывмыгъэпIийми гъэтIылъауэ ахъшэшхуэ, дыщэхэкI фикуэду цIыхухэм яIуатэрти аращ сытегушхуэу сыкъыщIыбдэкIуар, ахъумэ азалыхь си Iуэхутэмэ, уэ щхьэгъусэ усщIын дэнэ къэна, си гупэ пхуэзгъазэу зы псалъэ нэхъ мыхъуми зыхозгъэхтэмэ. ЗымыщIэ зыIуатэ цIыхум сагъэунэхъуащ. «ДэкIуэ, дэкIуэ ущIегъуэжынкъым. Уи насып къэкIуар зыIэщIумыгъэкIыу уи IэмыщIэм икъузэ». Апхуэдэ псалъэмакъ купщIэншэхэм мылым сытрагъэлъадэри зызгъэунэхъужащ. Иджы неIэмал, си IэфракIэм сызэремыдзэкъэжыфым хуэдэщ. Азалыхь, си сабиитIыращ здэсхьынур сымыщIэр ахъумэ, зы махуэ субгъэдэмысынт. Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуэщ щIыжаIар сэ схуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ. Емынэм сызэрихуэрт сэ. Сытым хуэдэ щIалэ къулей сэ блэзгъэкIар! Абы щыгъуэми къыстелIэу фIыуэ сыкъилъагъуу. Дэзгъуари зыщ – дахэтэкъыми фIыуэ схуэлъэгъуакъым. Абы щхьэкIи къэзгъэнэну къыщIэкIынтэкъым я унэ зэтетымрэ абы щIэлъ мылъкумрэ сыдахьэхати, арщхьэкIэ кIуэцIырыхун а Iэнэшам ефэрти, тIэкIу сыIэнкунри, уи жьэгу нэщIым сыкъихуащи емынэр си унэм ихьауэ сопсэу. Си Iэнэша кIуэдат сэ? Къулыкъушхуэ зиIэм щикъуэкIэ, пэший хъу унэ зэтет дахэшхуэм щыщIэскIэ, унэлъащIэу щIэлъыр щыимпортнэкIэ, ахъшэр цIэм хуэдэу къыщыкIуэцIылъэлъкIэ, хуейуэ щытмэ зэгуиудыху ирырефэт ар Iэнэша. Ей, бетэмал!». Мис апхуэдэу тхьэусыхэурэ дапщэрэ IэштIымкIэ и натIэм еуэжауэ къыпфIэщIрэ, КIущэ, а си нысэ Жансурэт. СымыукIытэжыххэу бжесIэнщи, КIущэ, си тхьэкIумитIкIэ зэхэсхыу нэгъуэщI зы хьэдэгъуэдахи Жансурэт жиIащ. А си щIалэ тхьэмыщкIэ, сыту пIэщхьагъ гугъусыгъу уэ Алыхьым къыпхуигъэфэщар.
И тхьэкIумэр тегъэхуауэ даIуэу щыс КIущэ мэпщIэу. «Плъагъуркъэ аргуэрыр, – мэхъущIэ Нэхунэ. – А псор къомыгъэкIуэкIыу уи тхьэкIумитIымкIэ зэхэпхар къызжеIэ жиIэу аращ. И щхьэр течауэ пхуэсIуэтэнщи, КIущэ, а си нысэм жиIар мыращ: «Уи къуи уи щхьи сыхуейкъым, си бынитIыр зыщIызгъунурэ сикIыжынущ. СыхулIэ сэ апхуэдэлI. Махуэ псом станокым бгъэдэтщи, пхъэIэщэм щIащIэу иривам хуэдэу, езэшауэ къокIуэж.