– Мы сэ сыкъызрихьэлIэжа гуэрым феплъыт! Зыхэлъ пIэ къудейр Iуимыхыу сэ сыкъыщыкIуэжынум пигъаплъэу щигъэлъащ. Догуэ, мыри цыр къыхэлъэлъу мы уи пIэм йомыгъэсыну дапщэрэ бжесIа! – жьэхолъэ ар Нэхунэ. Джэдур къепхъуатэри, бжэм щхьэкIэ ириудэкIыу, хыфIедзэ. – Уэри, джэдури, хьэри къуэри фи гъусэу фызужэгъуащ. Узыхуейр арауэ, щытмэ бжэгъу упэпцIауэ си нэм фыкъыщIоуэ. СлъэкIауэ щытамэ, псори фызэгъусэу щIыкъатиблкIэ фезгъэжэхынт. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр. Къалэмрэ къуажэмрэ я кум ситу си щIалэгъуэр согъакIуэ. Схуэмыхьыжыпэр уэ фызыжьыращ. «Си щхьэгъусэр зыдаха пщIантIэр сыбгынэфынукъым» – жыпIэри кIуэцIрыхун мы щIапIэжьым зыкъибнауэ хьэкунанэм хуэдэу уисщ. Сэ адэкIэ зыздз, мыдэкIэ зыздзу етIысэхыпIэ сымыгъуэту си гъащIэр сохь.
Жансурэт и тхьэусыхэныр зэпигъэуауэ, плIэнэпэм дэт стIолым йоплъ. Нэхуни абы гу лъитауэ, нэхъри зызэхуешэ.
– Сыгукъыдэмыжти, схуэтхьэщIыжакъым, – жеIэ Нэхунэ.
– ЦIыху дэнэ къыщына, хьэ губзыгъэ тешхыкIынкъым мы уи стIолым. Илъа мырамысэр зыкIэрыгъуа тепщэчыр къещтэри, щыкъын-щыкъыну щащэу, и тхьэ къызэрихькIэ лъэгум иредзэ.
– Ан-на гущэ. лIыжьым и фэеплъу зесхьэ тепщэч закъуэр щхьэ пкъута! Блэ зэраукIа башу укъэкIуэжай нобэ. Сыкъэмытэджыфауэ, дыгъуасэ лъандэрэ пIэм сыхэлъщ.
– КIэнишнэ ухэлъын уэ пIэм. Гугъу зебгъэхьыну ухуейкъыми аращ. Азалыхь, сэри сыхэмылътэмэ сыкъэмыхъейуэ. АпхуэдизкIэ гу гъэтIылъа уиIэщ ахъумэ, Iэ упыту мыпхуэдэ унэ ущIэсынтэкъым. ДэнэкIи сабэр къощэщэх. АпхуэдизкIэ фIейщ уи тепIэнщIэлъынри, ухэлъын дэнэ къэна, утетIысхьэну гур хуэкIуэркъым.
– СхулъэкIыжыркъым, сысымаджэщ, Жансурэт.
– Уэ уи ныбжь сынэса иужь, уэ пхуэдэу сысымаджэну фIэкIа сыхуейкъым. Азалыхь, сысымаджэщ жыпIэурэ щIыкъатиблкIэ ежэхын мы пщIантIэжьым удэсурэ уэ сэ сумыгъалIэмэ. Уигу иримыхьын гуэр къызэрыбжаIэу «Iыхь мыгъуэ» – жыпIэу пIэм ухогъуэлъхьэжри тхьэмахуэ енкIэ ухэлъщ. АфIэкIа усхузехьэжынукъым, къыбгурыIуэрэ уэ ар, усхузехьэжынукъым!
– Тхьэмахуэм зэ укъокIуэжри, ар къохьэлъэкIмэ, зэи мы пщIантIэм укъыдэмыхьэжу къалэм дэс. Сэри Алыхьым жыхуиIам сыхуэзэнщ.
– Уэ а Алыхь жыхуэпIэм укъызэриужэгъурэ куэд зэрыщIар къыбгурымыIуауэ ара иджыри, фызыжь.
– Ан-на гущэ, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын апхуэдэ псалъэхэр щхьэ бутIыпщрэ? Сэ иджыри псэ сIуту дунейм сытетщ. Азалыхьу тэгъэлам сэ къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ. Къыщысам и деж сэ абы зы дакъикъи лейуэ мы дунейм сытригъэтынукъым. Абы и унафэм дэ зыри дыщIэкIыфынукъым.