«Дыкъэпхъумащ», – жиIэурэ Сахьит Мыщэ толъэщIыхь, Къари и бзэр псалъэркъым ахъумэ, Мыщэ и телъхьэу Iэджи къыжиIэнут.
Нэхулъэ къищIу хуежьащ. Блыным къраха чырбышхэр зэрыхъукIэрэ иригъэзэгъэжауэ, хьэхэр и ужьым иту, фермэм тесхэм я унэмкIэ Сэхьит еунэтIыж. Мыщэ абыхэм якIэлъыкIуэркъым, си плъырыгъуэр иджыри сухакъым жыхуиIэу.
«КъакIуэ, Мыщэ, къакIуэ уэри» – жиIэу Сэхьид къызэпсэлъэкI щхьэкIэ, Мыщэ и кIэр игъэкIэрахъуэ мыхъумэ, къежьахэм я ужь къиувэну игу илъкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэм и пщIантIэм щыдэса зэманым Мыщэ есащ нэху щыху етIысэх имыIэу пщIантIэри хадэри къызэхикIухьу, я гъунэгъухэмкIи Iэуэлъауэ гуэр щызэхихмэ, куутI бжыхьым ежалIэрэ, банэурэ хъыбар яригъащIэу. ЦIыхум хуэдэкъым хьэр, хьэл хуэхъуар псэуху зыхинэнукъым. Нэху щыуэ Iэщыхъуэхэмрэ жэмышхэмрэ дыгъуакIуэхэм кIуэцIрауда блыным еплъыну къыщыкIуэм, Мыщэ, мыпIащIэурэ, адрей хьэхэм я дежкIэ еунэтIыж. Абыхэм ягъэщIагъуэ ныжэбэ Мыщэ дыгъуакIуэхэм зэрахурикъуар. АфIэкIа хъыбар фермэм телъыжкъым, къытехьэхэми аращ япэу хуаIуатэр. И нэхъ нэсэIуасэхэр бгъэдыхьэурэ Мыщэ толъэщIыхь, псалъэ дахэ жраIэ. Абы ириукIытэ фIэкIа пщIэнкъым Мыщэ – и щхьэр егъэзыхауэ мамыру щытщ, хэт сыт къыжриIэми едаIуэу. Ар нэгъуэщIу щытамэ, сэ зесхьа лIыгъэм хуэдэ зыми лъэкIынукъым жиIэм хуэдэу, моуэ – щэ и щхьэр Iэтарэ и тхьэкIумэхэр игъэджэгуу, къедэхащIэхэм яжьэхэплъэнт. Игъэсащ ар апхуэдэу Нэхунэ. А тхьэмыщкIэм дапщэщи жиIэрт зыгуэрым хуэпщIа Iуэху тхьэбзэм зэи уримыпэгэну, ар бгъэхъыбару къомыкIухьыну. Муслъымэным дежкIи дурыскъым псапэ ищIамэ ар игъэхъыбару къикIухьыну. Абы щыгъуэ ар щIэпщIам лъысынущ, уэри уи псапэр псыхэкIуадэ хъунукъым. Щыпсэум щыгъуэ цIыхум псапэу ищIаращ къемэт махуэм игъуэтыжынур.
Пщэдджыжь шхэгъуэр къэсащи, мыпIащIэурэ хьэхэм кхъуафэ кIыхьым гъунэгъу зыхуащI. Мыщэ хьэмбыIуу щысщ. Къарэ абы и дежкIэ къоплъэкI, къакIуэ уэри мыбыкIэ жыхуиIэу. Зыщимыгъэхъем Мыщэ дежкIэ зыкъигъэзауэ зыщыплIрэ зыкIэлъобанэ. Мыщи и щхьэр иIэтауэ маплъэ. Ар жэщ псом зэрымыжеяр Къарэ ещIэри, и жеин къэкIуауэ аращ и гугъэр, арщхьэкIэ апхуэдэ зыгуэри абы иджыпсту хухэткъым.
«Къарэ, Мыщэ, КIэху, Лъэбыху, Пэри, МаскIэ… фыкъызэхуэс!» – жиIэу кIийуэ Iэщыхъуэхэм я пщIафэ Уцэ кхъуафэмкIэ къокIуэ. Зы пэгунрэ шынакъжьейрэ иIыгъыу. Абы и ужьым иту унэм къыщIокI Уцэ и пщафIэгъу Маружан. Ари тепсэшхуэ и блыгум щIэту кхъуафэмкIэ макIуэ.