Уцэ шынакъжьеймкIэ хьэ Iусыр кхъуафэм декIэ. Хьэхэми щхьэж и увыпIэм деж зыIуигъэзэгъауэ пщэдджыжьышхэр ирагъэкIурэмэх. Ауэ Къарэ и гур Мыщэ дежкIэ щыIэщи, ишхыр и дзажэ дэмыхьэу, абы хуоплъэкI. зэрыщысам хуэдэу зимыгъэхъеяуэ щысщ ар иджыри.
«Мыщэ, Мыщэ!» – Маджэ Маружан, абы и дежкIэ плъэурэ.– Мыщэ, къакIуэ мыдэ абдежым уи закъуэ ущымысу». Мыщэ зыкъиIэтауэ хьэлъэ- хьэлъэурэ Маружан дежкIэ макIуэ. Кхъуафэм щынэблагъэкIэ, абы къеплъурэ, Маружан жеIэ: «Уэ, Мыщэ, мыдэ къакIуэ, уэ щхьэхуэу пщэдджыжьышхьэ пхуэтщIащ. Мэ шхы» – жиIэурэ Маружан иIыгъ тепсыр Мыщэ и пащхьэ кърегъэувэ. Ар абы хэIэбэркъым. Кхъуафэм еувэкIауэ шхэ хьэхэми яхохьэ. НэгъуэщI химыгъэIэбэу Къарэ хуихъума Iусым Мыщэ хошхыхь. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, Уцэрэ Маружанрэ йоплъри щытхэщ.
– Сыту хьэ губзыгъэ икIи Iущ мы Мыщэ, – жеIэ Уцэ. – Еплъыт абы. Мо хьэхэм нэхърэ сэ сыткIэ сынэхъыфI, щхьэхуэу Iус щIысхуэфщIынур сыт жыхуиIэу аращ абы.
– Тобэ, тобэ, гъэщIэгъуэнщ ар, – и IэгуитIыр зэтригъауэурэ Маружан егъэщIагъуэ Мыщэ ищIар. Абы щхьэхуэу хуагъэхьэзыра Iусыр ехьри псори щышхэ кхъуафэр къэзыбзеиж ныбэрицIэ МаскIэрэ КIэхурэ яхудекIэ. Зыр адрейм епэщIауэу, Iусым хэлъ лы Iыхьэшхуэр а тIум зэпатхъауэ яшх. МаскIэ нэхъыбэ лъыса и гъугъэу, КIэху, абы хуеплъэкIыурэ, мэгурым. МаскIи нэхъ зигъэщабэркъым. Абы къыфIигъэкIмэ, зыридзыну хьэзыру, хэгурымыкIыурэ Мыщэ и Iыхьэр ешх.
Зи ныбэ из хъуа хьэхэр зэхэтIысхьэжауэ зэхэсхэщ. Мыщи абыхэм япэмыжыжьэу лъэныкъуэкIэ щысщ.
А тIур зэплъыжу тIэкIурэ щысауэ, Мыщэ япэ иту ЛъэужьрыкIуэ и гъуэм ихьауэ тIури хьэмбыIуу щысщ. Нэщхъейщ Мыщэ. КъыгуроIуэ ЛъэужьрыкIуэ, Мыщэ зэгупсысыр. Ауэ зэкIэ зыри жиIэркъым, езым къриIуэтылIэну поплъэри. Къари къригъэкIуркъым. Поплъэ ари ЛъэужьрыкIуэ жиIэнум.
– Щхьэ уеэщхъей, Мыщэ? – ЩIоупщIэ ЛъэужьрыкIуэ. – Си гугъэмкIэ Iейуэ къыпхущыткъым фермэм тес хьэхэмрэ цIыхухэмрэ. Хьэмэрэ уагъэшх ерыскъыр уигу иримыхъу ара? Абы нэхъ щхьэусыгъуэ уимыIэмэ уесэжынщ. Дауи, унагъуэхьэхэм яхуэдэу мыбы тес хьэхэр щамыгъэшхэфи къэхъуу къыщIэкIынщ. Ауэ, зэрыжаIэщи, ар щхьэж и насыпщ. Дэ мы фермэм дыкъыщыхъуащ икIи дыщопсэури, нэхъыфI щымыIэу къытфIэщIу къыщIэкIынщ. Узэса лъахэм къытекIуэн зэрыщымыIэр сэри къызгуроIуэ.
– Мис ар пэжу жыпIащ, – пещэ мыщэ ЛъэужьрыкIуэ зэхиубла псалъэмакъым. – Укъыщалъхуа лъахэм нэхъыфI щыIэкъым. Сэри ар сигу къокI. Мы фермэм тес хьэхэри цIыхухэри къысхуэIейкъым икIи нэхъ къысхуосакъ. Псом хуэмыдэу, мы Къарэ зэпымыууэ и нэIэ къыстригъэтщ. Сэ сымышхэмэ езым ишхыр и дзажэ дыхьэркъым. Шхэгъуэм сыримыхьэлIамэ, си Iыхьэр къысхуегъанэри ехъумэ. Тхьэм игъэузыншэ. ФIы пщIауэ зэи кIуэдынукъым. Узэгуапэм ар IэфIу и гум къинэнущ, зылъагъухэми яIуэтэжу куэдрэ я гум илъынущ.