Пабжьэ гуэрэн тIэкIум Мыщэ хэсурэ, хьэблэ жэмхэр къыдохьэж. Абыхэм къапежьа цIыхухэри я жэмхэм я ужьым иту я пщIантIэхэмкIэ яунэтIыж.
А дакъикъэхэм Мыщэ и нэгум къыщIоувэж Нэхунэ жэм щызэрихуа зэманыр. Абы щыгъуэ Мыщэ и щIалэгъуэт, и делэгъуэт. Хэт сэ къыстекIуэн жиIэу, и къарум къигъэгугъэрт. Пэжуи абы къыфIэмылIыкI хьэ Иналхьэблэм щыIэтэкъым. Мыщэ къалъэгъуамэ, я кIэр бэкъум дэупщIауэ, лъэныкъуэ зрагъэзырт.
Дэнэ щымыIэми, Нэхунэ и жэм къэшыгъуэм ирихьэлIэу Мыщэ къэкIуэжырти Iуэбжэм деж тIысырт, зэзэмызэ и бзэгур къригъэжрэ зэIурыбзаеу. Ар абдежым къыIукIыртэкъым Нэхунэ Iуэм къимыкIыжауэ. Шэ пэгуныр иIыгъыу Нэхунэ абы къыщикIыжкIэ, и кIэр игъэкIэрахъуэурэ бгъэдыхьэрти худэплъейрт. ИтIанэ ежьэрти, Нэхунэ къыхуеплъэкIыурэ, унэмкIэ кIуэжырт. КIэлындор дэкIуеипIэм зэрынэсу, абдежым щыт хьэкхъуафэм бгъэдэувэрти, и щхьэр ирихьэх-къиIэтыжу щытт.
«СощIэ, сощIэ узыхуейр, – жиIэрт Нэхунэ Мыщэ еплъурэ, – шэ хуабэ тIэкIу уефэну аращ. Ехьейуи уезгъэфэн, моуэ зы дакъикъэкIэ къызэжьэ» – жиIэурэ унэм щIыхьэжырт. ИтIанэ пхъэ шынакъышхуэм и зэхуэдитIым нэс шэ къэшагъащIэ хуабэр ирикIэрт, щIакхъуэми пIастэми хипIытIэжырти къыхущIихырт. Ар Мыщэ апхуэдизкIэ фIэфIу ишхырти, итаIауэ умыщIэжыну, къибзеижырт.
Ауэ а псори Мыщэ и гукъэкIыжу арат. Пшапэр зэхэуэу цIыхухэр я унэм екIуэлIэжа иужь, алъандэрэ зыхэса пабжьэ гуэрэным сакъыпэурэ Мыщэ къыхокI. Зеплъыхь. ИхъуреягъкIэ мамырщ. Йожьэри, уэрамым тохьэ. МакIуэ сакъыпэурэ. Хьэ закъуэтIакъуэ яIууэмэ къапекIухь, хьэргъэшыргъэ къимыгъэхъеин щхьэкIэ.
Носыж ар Нэхунэ и щIапIэм. Куэбжэр гъэбыдат. Йолъэ бжыхьми, хадэм иту кIуэурэ, унэ гупэмкIэ къокIуэкI, къыщIэкIри щIыхьэжри илъагъун хуэдэу, бжыхьым адэкIэ къотIыс. КIэлындорыр уэздыгъэр маблэ, щхьэгъубжэ нэхумкIэ елъагъу: унэ кIуэцIым цIыху гуэрхэр щызокIуэ. «Шэч хэмылъу, ар Жансурэтщ» – игукIэ жеIэ Мыщэ.
Дэтщ пщIантIэм иджыри, и лъабжьэм щIэсу гъэмахуэр щигъакIуэу щыта кхъужьей жыгыжьыр. Бжыхьым къызэрыбгъэдэтщ бадзэуэгъуэ махуэхэм и лъабжьэм щIэпщхьэурэ хьэ бжьыдзэм зыщыщихъумэу щыта дуужьри. Ауэ ар зытет щхьэл мывэ къутахуэм кхъахэ хъуа дур иджыри Iэтауэ яIыгъщ. Абы и лъабжьэм Мыщэ щIопщхьэ, пщIантIэм щызекIуэхэр илъагъун хуэдэу. Игури и псэри тыншыжащ, и Iуэхур зыхуэкIуэнур имыщIэми. И пщIантIэм хуиту зыщиукъуэдиижа, дэсхэми ягурыIуэжа фIэкIа пщIэнкъым.