Апхуэдэурэ бжьэхэр щIымахуэм хуогъэтIылъэ, сэхуранри бэв мэхъу. Нартыхум къаутIыпща я щхьэц щылафэхэр дыгъэм полыд. Гъашэхэм къапихыура абыхэм къатощащэ бэв зыщIыну гъашэ сабэхэр. Ахэри гъащIэщ, цIыху гъащIэм пезыгъащэ природэм и тыгъэхэщ.
А псори Мыщэ дежкIэ сытым щыщ. Ар иджыпсту зэгупсысыр и щхьэр здихьыж пщIантIэжьырщ. ДэсыжIауэ пIэрэ абы? Хэт и хьэ хьэулей мыр? ДэкI мы пщIантIэм зыдумыгъэлъагъуу жаIэу къыдахужмэ – щэ.
Апхуэдэ Iэджэм йогупсыс Мыщэ. «Си Iуэхур Алыхьым бгъэдэслъхьащи, абы зэрыжиIэм хуэдэу хъунщ».
Мес, плъэмэ елъагъу, нэблэгъэжащ Мыщэ къыщыхъуа, щыпсэуа къуажэм. Зыхех хьэ банэ макъ. А дакъикъэм и гум къокIыж Нэхунэ и пщIантIэм щигъэкIуа и гъащIэм и IэфIыпIэхэр. Лъэхъэнэ хьэлэмэту екIуэкIащ ар Мыщэ дежкIэ. Уи лъахэ уисыжын нэхъ насып сыт щыIэ! Я лъахэр яхъумэжурэ зи псэр зыта цIыхухэм я бжыгъэр зыми къыхуэлъытэнукъым. Адыгэ лъапсэр къапщтэмэ, блэкIа лIэщIыгъуэхэм яхузэфIэкI къамыгъанэу ар зэхафыщIащ хамэщI къикIа хьэщхьэрыIуэ гущIэгъуншэ куэдым. ЦIыху минхэр сабийти, балигъти, лIыжьти, фызыжьти жамыIэу, былымым хуэдэу зэтраукIащ, я унэхэр, псэуалъэхэр ягъэсащ, жылэ – жылэкIэ лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуащ, урыс пащтыхьым и генералыжьхэу Ермоловыжьыр зи пашэхэм. Абыхэм я фочыпэмкIэ кIуэцIыуэурэ, мыжурэр кIуэцIаIуурэ лIэр лIэуэ, къанэр къанэу тенджыз Iуфэм ирахулIа адыгэхэм ящыщ куэдыр абдежым щылIащ, уз бзаджэр – емынэ узыр къахыхьэри. Абы къелахэм я псэр ирехьэжьэри тенджызым зэпрыкIащ, хэкIуадэр хэкIуадэу. Къэнахэр къэралхэм щызэбгырыкIащ. Ар щалъагъужынум пэплъэурэ дапхуэдиз мы дунеижьыр зыбгынар. Дыщэм ухэсми уи лъахэм хуэдэ зыри щыIэкъым. Абы уихъумэнущ, уигъэшхэнущ, ар зэи берычэтыншэ хъунукъым. Мыщи аращ и псэр и лъахэжьым щIихьыжыр. Абы щыпсэууэ лIэмэ насыпышхуэу къилъытэнущ. Зы жэщ – махуэм зэ фIэкIа ямыгъашхэми, дагъэхьэж закъуэмэ, жэнэтым ису къыщыхъунущ.
Ар абы щыдэсам и гъунэгъухэр Iейуэ къыхущытакъым. Иджыри абыхэм зэзэмызэ хьэлу Iыхьэ къыхуадзмэ къуэлIыкIынкъым. «Уи унэжь – пхъэжь мафIэ» ауэ сытми жаIакъым. Жансурэт – щэ? Ар игу къыщыкIыжкIэ, къощтэри, къызыщIоувыIыкI. ПщIантIэм щыдыхьэжкIэ, белми, гуахъуэми къыIэрыхьэр къриутIыпщыну къыфIощI. «Хьэуэ, хьэуэ, сэ сыщоуэ» – и гур егъэфI Мыщэ,– щытыжын хуейкъым иджы Жансурэт апхуэдэу. И ныбжьыр хэкIуэтащи, зыщIэгупсысыжауэ къыщIэкIынщ.
Абы и закъуэкъым. И пхъур, Маринэ и ныбжь нэсу унагъуэ ихьэу бын игъуэтамэ, и пхъурылъху цIыкIухэм нэхъ гущабэ ящIауэ къыщIэкIынщ. Унагъуэ Iэщхэм я къыдыхьэжыгъуэ зэманым нэблэгъат, Инал и хьэблэкIэ зэджэ Нэхунэ и къуажэм Мыщэ щынэсыжам. ТIысауэ мэгупсысэ. Иджыпсту зищтэрэ къуажэ уэрамым дыхьэмэ, унэхьэхэр къежэу къашхынкIэ хъунущ. Пшапэр зэхэуэмэ нэхъ тэмэму къыфIощI. ИтIанэ зыми гу къылъимытэу пщIантIэм зыщиплъыхьынущ. Хэт ищIэрэ занщIэу и щхьэр къыщIыдихыжын щилъагъункIэ хъунущ.