– Дауи, уи дежкIэ нэхъыфIщ лэжьапIэм сыщымыкIуэ махуэ закъуэм си унагъуэр зэздзэкIыу уи деж сыкъэкIуэжу тхьэмахуэ енкIэ зэхэптхъуа къомыр зэхэсхыжыныр. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр – И хъущIэныр зэпимыгъэууэ, Нэхунэ зыщIэс пэшыр зэлъыIуихыу щIедзэ.
«Мяу-у-у!» -дамэдазэ хъуа бжэм и щхьэр къыдигъэжауэ КIущэ мэпщIэу.
– Мяу мыгъуэр уэзгъэщIынщ, – жиIэурэ Жансурэт япэ и нэр зытехуа бэлагъыр къепхъуатэри джэдум иреутIыпщ. «Баргъэщ» жиIэу ар бжэм щытехуэкIэ тIэкIу щхьэукъуа Нэхунэ къызэщоури, бжэмкIэ плъэуэрэ жеIэ:
– Хэт ар? Къыщ1ыхьэ.
– Хэт уи гугъэрэ уи деж къэкIуэнур! Уэ зыгуэр къыпхуеиж уи гугъэм укъопцIэ. ЩIыкъатиблкIэ щIыхьэн джэдуращ уэ къыпхуейуэ мы дунеижьым тетыр. Уи пIэ лъапэм темыкIыу ебгъэсащи унэм щIэкIынукъым. Хьэ, джэду жыпIэмэ, уи нэхур щащ. ИкIэщIыпIэкIэ уакIэлъыкIуэж абыхэм узыхуейр арамэ.
Хьэми бжэм къепIэстхъыу щIедзэ, зэзэмызи хопщIэукI.
– Уэри сыт узыхуейр, щIым щIыхьэн! – мэкIий Жансурэт. И Iухи и еуи зыуэ бжэм и пхъэрыгъажэр хьэм иреутIыпщ. И лъакъуэм трегъахуэри пщIэууэ хадэм йолъадэ.
– Ан-на гущэ, сэри сэщ, а зи бзэ мыпсалъэхэм щхьэ апхуэдизу уахуэгын. Ахэр сэ щхьэкIэ гузавэу аращ. Сызэрысымаджэр ящIэри, къызбгъэдэсыну хуейхэщ. МэжэлIауи къыщIэкIынущ. КхъыIэ, Жансурэт, къомыхьэлъэкIынумэ, тIэкIу гъашхэ ахэр. Тхьэмахуэ кIуам къэпхьа курпIэ тIэкIур мо шкафым дэлъщи хъудырыпс яхуэгъави ет, псапэ хъунщ.
– Азалыхь, къысхуэбгъуэтам псапэ къызэрысхьын. Ахэр сымыгъэшхауэ уэ усхуэгъэшхащэрэт. Аращ езыр мывэ зэпыхыну къысщыхъур. Азалыхь, псапэ хъухэну щытмэ, ирикъуным уэ сэ пхуэсщIэр. Си щхьэ, си бын, силI жызмыIэу псори зызодзэкIри тхьэмахуэ къэс уи деж сыкъокIуэж. Псапэ къэхьыпIэу уи гугъэкъэ ар. Псапэ, псапэ. Уэст щыIэкъым сэ абы щхьэкIэ. Азалыхь, псапэкIэ псори зэфIэкIыу щытамэ, фIы гуэр цIыхум къеуалIэтэмэ, сызыхуей псори къызэгъэтIылъэкIауэ сыщыстэмэ сэ иджы.
– АтIэ псори апхуэдэу къыщохьэлъэкIкIэ зыми ухэмыту зыгъэпсэху, – жеIэ Нэхунэ къыхудэшей къудейуэ.
– Зыгъэпсэху, зыгъэпсэху! СиIэ сэ сытми апхуэдэ насып. Зэпыту укIуэ псори, къыщиудауэ магъ Жансурэт. – УхэлIыхьауэ щытмэ, дяпэкIэ лъэмбытI къэсчынкъым мы къуажэжьым. «Къуажэ, си адэжь и щIапIэ», – аращ а уи къуэ гъэфIами и бзэгум пымыкIыр. Абы хуэзгъэувынущ мыпхуэдэу: е уи анэмрэ уи къуажэмрэ, е сэрэ уи бынитIымрэ – хэди узыхуейр къыхэх, афIэкIа схуэшэчыжынукъым къалэмрэ къуажэмрэ я кум итыныр.