Хынабдзэ - страница 54

Шрифт
Интервал


Абы Мурид гу лъимытэу къанэркъым, зыри жимыIэурэ и щхьэгъусэм кIэлъоплъ. Жансурэт абыкIэ Мурид ечэнджэщыну, епсэлъылIэну мызэу хуежьэ щхьэкIэ зызэтреубыдэ. Арыншами абы къыщриутIыпщ щыIэщ и нысэм къыхущI пщIэр хуэмыфащэу, Хынабдзэ хуэдамэ и анэм и махуэр Жансурэт къыхуигъэкIуэну. Ауэ апхуэдэу абы Жансурэт щыжриIэр я закъуэу псалъэмакъ къыщаIэтым дежщ. Дапщэщи Мурид и нысэм и лъэныкъуэ щхьэкIэ ар игъэхъыбару, зыхуэзэхэм яхуиIуатэу къикIухьыркъым. Ауэ и гукIи ипсэкIи абы дапщэщи и телъхьэщ. И епсэлъэкIэ къудейм фIэкIа ухуейкъым зэхэпхыну Хынабдзэ абы хуиIэ гущэбагъыр. Я унэ къызэрихьэрэ «си хъыджэбз» жиIэ мыхъумэ «си нысэ» жиIэу къыжьэдэкIыу зыми зыхихакъым. Абы щыгъуэми ар фэрыщIагъкъым, апхуэдэущ къызэрилъытэр.

Япхъу Маринэ Хынабдзэ хуэдэу къахущытыфкъым. КъыщыкIуэж зэзэмызэми и IитIыр зэтедзауэ щыс мыхъумэ жыхэфэгу къудей яхурипхъэнкIэхыркъым. Зыгуэр ищIэну хуежьэми Хынабдзэ къыIэпыщIех. «Уэ укъыщIэкIуэжар Iуэху пщIэну аракъым, уи адэ-анэм ябгъэдэс, къуажэ хъыбархэм щIэгъэдэIу» – жеIэри, зыщIидза Iуэхур езым и кIэм негъэсыж.

КIуатэ пэтми Жансурэт нэхъ лъэрымыхь мэхъу. ПщIантIэм щымыIэбэжыфми унэ кIуцIыр нобэр къыздэсым зыхуей хуигъэзэфу щытамэ, иджы ар хузэфIэкIыжыркъым. Псори чэщейщыкъум хуэдэу къабзэу зэлъыIуихыу Хынабдзэ къалэм кIуэжми, къыкIэлъыкIуэ щэбэтыр къэсыху псоми сэбафэ къатоуэ. Дэтхэнэ унагъуэри апхуэдэщи, махуэ къэс цIыхубзыIэ хуейщ. Ар зылъэмыIэсыр сабэм щIегъанэ. Зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми цIыхубзыр унэм щымыIэбамэ, щымыпщэфIамэ псымэ къыщIих мэхъу, ущIыхьэну, ущIэсыну гур хуэмыкIуэжу. Хынабдзэрэ я къуэ Муратрэ ираубыдылIэу жраIэфыркъым къалэм къэIэпхъуэу зы унагъуэу псэумэ зэрынэхъыфIыр. Ар я гурылъ зыжраIэ, я чэнджэщ зрахьэлIэ, пщыхьэщхьэ щIагъуэ дэмыкIыурэ къакIуэурэ Муридрэ Жансурэтрэ тезыгъэу я гъунэгъу Хьэжрэт гурагъаIуэу къыжырагъэIа щхьэкIэ, уи Iэли уи уди жаIэри ядакъым.

– Дэ иджыри апхуэдэу лъэрмыхь дыхуакъым, – жиIащ Мурид. – Мы щIапIэр хыфIэддзэу дэ къалэм дыдэтIысхьэжкIэ дытхъэну уи гугъэрэ. Къуажэжьыр Iумахуэщ жыхуаIэращи, ди гъащIэр щытхьа лъахэр тхуэбгынэнукъым.

– ФызэрегуакIуэщ. Фэ абыкIэ зыми фыхигъэзыхьыркъым, – жиIащ Хьэжрэт, – ауэ фи къуэр, псом хуэмыдэу фи нысэр гугъу зэрехьыр солъагъури сфIэгуэныхь хъууэ аращ. Фэ ар къызэрывгурыIуэр сщIэркъым, ауэ а фи нысэм фэ къыфхуищIэр зыхузэфIэкIын цIыхубз щыIэу си фIэщ хъуркъым. Иджыпсту абыхэм я щIалэгъуэщ, я нэгу зегъэужьыгъуэщ. ИтIани абы щхьэкIэ къамыгъанэу, щыщхьэхуит щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ фи деж щагъакIуэ. Мыбы къэкIуэжа иужьи етIысэхыу загъэпсэхумэ зыгуэрым хуэдэтэкъэ. Фи нысэм жьыщIэнрэ тхьэщIэнрэ фIэкIа Iуэху имыщIэу махуитIыр егъакIуэ. Фи къуэращи, щхьэкъэIэт имыIэ жыхуаIэм хуэдэу пщIантIэм долэжьыхь. Абы зэрихьэ пхъэщхьэмыщхьэ хадэм къуажэдэсхэр плъакIуэ къыхуокIуэ.