«Алыхь, лIыжь, уэ псапэу пщIэр тIуми тхурикъункIэ» – Жансурэт щыжиIэкIэ идэркъым. «Зыщумыгъауэ фызыжь, хэти и IэмыщIэ икIыращ къемэтмахуэм игъуэтыжынур. Сэ псапэкIэ сыбдэгуэшэну сыхуейуэ щытми схузэфIэкIынукъым. Ар Алыхь унафэщ.
***
ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гъащIэри зэхуэдэу ягъакIуэркъым, я гупсысэкIэкIи, я IуэхуеплъыкIэри, я гулъытэкIи зэтехуэркъым. ИкIи апхуэдэхэмкIэ цIыхухэр зэщхьыркъабзэу щытамэ гъащIэр псынщIэу къаIэщIэужэгъуэнкIэ хъунут. Жансурэти гъащIэм нэхъ кууэ хэплъэ хъуащ и ныбжьыр егъэзыхыгъуэм зэрынэсрэ. ХузэфIэкIыну щытамэ абы къригъэгъэзэжынти, къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жыхуаIэм хуэдэу, гъащIэм гъуэгущIэ щыпхишынт. БлэкIа зэманым зэи къигъэзэжыркъым. Жансурэти ар къехъулIэнукъым. Ауэ, и ныбжьыр хэкIуэтами, хущIокъу зыгуэрым и гуэныхь къихьамэ псэу щIыкIэ зэрипшыныжыным. ХадэхэкI егъэкI, джэдкъаз егъэхъу. АбыхэмкIэ цIыхухэм яхуоупсэ. АрщхьэкIэ елъагъу, и псэкIэ зэхещIэ зыхущIэкъу псоми зэрыхунэмысынур. КIуатэхукIэ къарур мэкIуэщI. И гур пхъэ щхьэкIэ зыхуежьэхэм ящыщу и кIэм хунэгъэсым хощI. Нэхъапэхэм «Зыми сыщыгугъыркъым, си Iуэху Iыхьэ сэ сощIэжыф» – жиIэу щытамэ, иджы и нысэр къыщыкIуэж махуэм хуэпIащIэу пэплъэ хъуащ. Сыт ищIэн, щIокIуэсыкI и къарур мащIэ-мащIэурэ. Ар зыми къыхузэтегъэувыIэнукъым. Уи Iуэху Iыхьэ щыпхуэмыщIэжым деж, дэIэпыкъуэгъу хъунур дэнэ лъэныкъуэкIэ къикIри бдэуэ, ущыгуфIыкIыу укъонэ. Ауэ хамэр хамэщи, уи жэхэфэгур зэ пхурипхъэнкIэхмэ етIуанэм бгъуэтыжынукъым. УкъэзымыгъэпцIэжынур лIыкIэ къыбгухьэращ. «Ем щыгъуэ зэдыгъу зэшщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.
Зэман-зэманкIэрэ, и гум мастэ къыхаIуам хуэдэу, Жансурэт къыхоскIыкI. Апхуэдэу щыхъур Хынабдзэ къызэрыхущытымрэ езым Нэхунэ тригъэлъа бэлыхьымрэ, ирипэса псалъэ мыфэмыцхэмрэ щызэригъапщэм дежщ. «Догуэ сэ щхьэ апхуэдэу сыхущыта си щхьэгъусэм и анэм? – зэупщIыжу щIедзэ. ТIури дыкъэзыгъэщIар Алыхьыращ, тIури анэ быдзышэ дефащ, тIури адэ-анэ дапIащ». Си анэм къызжиIауэ сщIэжыркъым унэ сыщихьэм «узэрыхуейм хуэдэу щыт, уи гуащэр, уи пщыпхъухэр фIыуэ умылъагъу, уи щхьэгъусэм и Iыхьлыхэм уи щхьэр яхумыгъэлъахъшэ, уи щхьэр зэрыхэпхын, зэрызыбгъэтыншын яужь ит» – жиIэу. Апхуэдэу упщIэ куэд Жансурэт и пащхьэ къиувэ хъуащ и ныбжьыр хэкIуатэри. Ауэ икIэм нэсу езым къыгурыIуэжу зыми жэуап хуетыркъым.
КъыгурыIуэркъым абы Хынабдзэ гугъу зыщIригъэхьыр: и сабиитIыр и Iэблэ зэрызым тесу гъэмахуэ, щIымахуэ имыIэу, уэшх къешхми уэс къесми къимыгъанэу тхьэмахуэ къэс къуажэм кIуэжурэ и тхьэмадэмрэ и гуащэмрэ щIахуэжьыщIэр, щIахуэлъасэр, бэзэрым япэ къытехьэ ерыскъыщIэхэм хуэдэ къахуищэхуурэ щIахуихьыр. Ар и къуэм и фIыщIэу жиIэнущи ещIэ абы игъэунэхуауэ цIыхубзыр хуейуэ щытмэ я нэхъ зызыгъэткIий цIыхухъур IумпIафIэ къызэрищIыфынур, езым фIэкIа нэкуи напIи имыIэу къызэригъэнэнур. Мурид дапхуэдизу зигъэткIийуэ щымытами, ар Жансурэт къыжьэдикъуэфащ, зыхуейр къригъащIэу нобэр къыздэсым псэуащ. И къуэр Хынабдзэ и лъэгущIэту хужыIэнукъым. И щхьэ и унафэ ищIыжыфу, унагъуэр зэгуригъаIуэу, абы ис цIыхухэм иIэн хуей пщIэмрэ щIыхьымрэ зыхуригъэщIыфу мэпсэур. Жансурэт и щхьэр куэдрэ трикъутащ Хынабдзэ и гущIэгъур къызыхэкIыр къищIэным. Езыр дапхуэдизрэ емыгупсысами, и дзыхь зригъэзхэм абы теухуауэ емыпсэлъылIами, емыупщIами пыухыкIауэ икIи ар къызыхэкIыр къыгуригъаIуэу зыми зыри къыжриIэфакъым. Езы Хынабдзэ абыкIэ еупщIыну мызэу-мытIэу тегушхуащ арщхьэкIэ сыкъыгурымыIуэу Iузгъэщтрэ и щIыб къытхуигъазэм жиIэурэ зеубыд.