Хынабдзэ - страница 57

Шрифт
Интервал


– Уэлэхьэ а псори дэ тхузэмыгъэзэхуэн, – жеIэ Мурид, унэкум ит Iэнэ хъурейм бгъэдэтIысхьэурэ. – Къащтэ мыдэ, фызыжь, уи ерыскъыр хьэзыр хъуамэ.

– Алыхь хьэзырыбзэм. ТIэкIу сфIэпщтырыIуэщи аращ зыщIэсIэжьэр. Мыбы фефэху ари упщIыIунщ, – жиIэурэ шатэрэ шхукIэ зэIиха хьэнтхъупсыр къахутрегъэувэ.

– ФэрыщIагъ хэслъхьэу къыпщымыхъу, Жансурэт, ар зэрыжысIэмкIэ, ауэ уэ пхуэдэу хьэнтхъупсыр зэщыщхъуу зэхэзыщIэ си ныбжьым къриубыдэу срихьэлIакъым.

– Апхуэдизу укъысщымытхъу, Хьэжрэт, – жеIэ Жансурэт. – Къущхьэ жэмым ущытхъум ищIэр пщIэркъэ?

– Уэлэхьэ сэ абыкIэ сымышынэ. Ар сэ си щыпэ жыIэкъым. НэгъуэщI унагъуэ куэдми щызоIуатэ уэ уи пщэфIэкIэр. Жагъуэу укъэзымылъагъу унэгуащэ закъуэтIакъуэхэм абы щхьэкIэ жаIэр мыращ: «Жансурэт и анэ Дисэ хуэдэ къуажэм къыдэшыгъуейт. Хьэгъуэлъыгъуэ зиIэхэм, гущэхэпхэ, лъэтеувэ зыщIхэм Дисэ яшэурэ ягъэпщафIэу щытащ. Абы ищI хьэлыуэр Iум ищахэрт, и джэдлыбжьэм и мэ гуакIуэр жыжьэу къыпщIихьэрт. И мэжаджэм щыщ зы Iыхьэ пшхамэ, махуэ псом ерыскъы жыхуаIэ уи гум къэкIыртэкъым. «Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ» жыхуаIэращи, Жансурэти Дисэ ещхь хъужащ».

Хьэнтхъупсым ефэн зэраухыу, пIастэ гъуэжьымрэ тхъупсым зэрихьэ кхъуейжьапхъэмрэ къахутрегъэувэ.

– Уэлэхьэ, Жансурэт, хьэнтхъупс шынакъышхуэм и ужькIэ мы уи кхъуейжьапхъэр тщыкIуэжыну си фIэщ мыхъу, – жиIэурэ Хьэжрэт и пащIэшхуэр ирелъэщIэкI. – Ауэ сыт тщIэн. «Алыхьым къыптрилъхьэм фошыгъущей уефэнщ» жыхуаIэращи, къытебгъэувар дымышхыу къытхуэбдэнукъыми, ари зы плIанэпэ гуэрым дэдгъэзэгъэнщ.

– Дэ зыщIыпIи дыкъыкIэрыхуркъым, – жеIэ Мурид. – ДымыпIащIэурэ, тIэкIуи дытеуэршэрыкIыурэ здэкIуар дымыщIэу ари дгъэкIуэщIынщ.

– Си махъсымэр къэвэн ирикъуакъым ахъумэ абы щыщ тIэкIу фефамэ фшхар иригъэупIэхынт.

– ЗикI умыгузавэ, Жансурэт, абыи си Iыхьэ къыхэнэну уи гугъэми укъопцIэ,– жеIэ Хьэжрэт.

Жансурэт и махъсымэр, хьэблэм и мызакъуэу, къуажэ псом щыцIэрыIуэщ. Иджы кърагъэжьауэ гухъукIэ яуб хугум, е нэгъуэщI зыгуэрым къыхащIыкI махъсымэ нэкIэпсыжэм хуэдэкъым ар. Зэман куэд трегъэкIуадэ абы и щIыным Жансурэт. КъызыхищIыкIыу хугущ е нартыху хьэжыгъэщ. Ар япэ щIыкIэ хупцIынэ епщри, тIэкIурэ щIэуфауэ щигъэтщ. ИтIанэ чыржынурэ тебэкIэ егъажьэ. Ар псы къэгъэкъуэлъа гъэупщIыIужам хелъхьэри чейм е кхъуэщыным иту щIэуфауэ махуэ бжыгъэкIэ щигъэтщ. ИтIанэ кхъузанэкIэ изурэ зэрытам ирекIэжри, и Iувагъ – пIащIагъкIэ зэрыщытын хуейм хуэдэу псы гъэвакIэ зэIыхыжауэ, егъэув. Абы литрэ ныкъуэ зэрыхуэ и пхъэ шынакъыр хедзэри хуабэ гуэркIэ щIеуфэж.