Хынабдзэ - страница 58

Шрифт
Интервал


Щигъэтщ ар апхуэдэу къэвэн ирикъуху. Къэвэн иухарэ имыухарэ къызэрищIэр ищI макъымкIэщ. Къыщывэм деж пхъэ шынакъыр чей джабэм «быркъэ-быркъэ» жыригъыIэу иреудэкI. Мис а макъыр щимыщIыжым деж и щхьэр трехри йоIуб. «Мэт, лIыжь, уэри еплъыт», – жеIэри Мурид ирегъафэ. Абы къызэрыщыхъум псори трещыхь: тIэкIу фIэгуащIэIуэмэ, нэхъ ефэгъуафIэ хъун щхьэкIэ, фошыгъупс хекIэ. Абы и ужькIэ хьэзыр хъуащи, ефи пэт – зыбгъэнщIыркъым, ауэ укъегъэжан. Зэманыр гъэмахуэмэ щIыIэпIэ егъэув, щIымахуэмэ, щригъэфэнуIам деж, фIэщIыIэмэ абы щхьэкIэ зэрихьэ гъущI мыулъийм къыхэщIыкIа бэлагъ цIыкIур егъэплъри «цIыщхъ» жиIэу хеIу. Пхъэ шынакъым из махъсымэр мыщIыIэ – мыхуабэу ещI. «Уа, Жансурэт, апхуэдизу абы зумыгъэлIалIэу хьэкум тебгъэувэрэ бгъэхуабэмэ хъуркъэ» – къыжезыIэм ар хуидэркъым. «ХьэкIукIэ пэхуэща махъсымэмрэ гъущI гъэплъакIэ зи дзэр IулIыкIамрэ ауэ жыжьэуи зэхуэдэкъым,– жеIэ.– ГъущI гъэплъам махъсымэр нэхъри нэхъ IэфI, ефэгъуафIэ ещI».

Дапщэрэ Жансурэт махъсыми имыщIми, хьэблэм дэсхэм ящыщу ар япэ зыIуагъахуэр Хьэжрэтщ. «Уэлэхьэ, Жансурэт, мыбы хуэдэ махъсымэфI зэ пщIауэ щытмэ мыр етIуанэмэ», – жиIэмэ ар зыхуей хуэзауэ аращи, зи ерыскъы хэлъ кърихьэлIауэ иримыгъафэу щIигъэкIыжыркъым.

АбыкIэ Жансурэт и псапэм хегъахъуэ, и щIалэгъуэм къихьа гуэныхь къомыр егъэмащIэ. КъыгурыIуэжащ абы и ныбжьыр хэкIуатэри жыхьэнэмэ гъуэгум тезышэнкIэ хъуну къемызэгъ куэд зэрилэжьар. Ар Мурид зэзэмызэ къыщриундэкIкIэ япэхэм хуэдэу зыкъызэфIилэжыркъым, атIэ «Ар шейтIаныр къыстекIуауэ щыщыта зэмант» – жеIэри абыкIэ зэфIегъэкI.

Куэдым ирегъэгупсыс ар Хынабдзэ къыхуиIэ щытыкIэм. Ирегъапщэ езыр и тхьамадэмрэ и гуащэмрэ зэрахущытам, псом хуэмыдэу Нэхунэ хуиIа щытыкIэм. А гупсысэр и щхьэм къыщищхьэрыуэкIэ, здэщытым деж щотIысэхри, Мурид къеджэу е нэгъуэщI зыгуэр къыщIыхьэу зыкъригъэщIэжыху щысщ. Япэм хуэдэжкъым Хынабдзэ и Iуэхур. ИлъэситI нэхъыбэ ямызэхуакуу дунейм къытехьауэ щIалэ цIыкIуитI иIэщ. И щхьэгъусэм къищынэмыщIауэ, ахэри зыхуей хуэгъэзэным лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманыр зэрыщыту токIуадэ. ИтIани си щхьэ, си бын нэхъыфщI жимыIэу, унагъуэ Iуэху псори зыридзэкIыурэ и гуащэмрэ тхьэмадэмрэ я деж мэкIуэж. Зыри жимыIэми, ар и щхьэгъусэ Мурати къытемыхьэлъэу къанэркъым. Зэзэмызэ, «Мы тхьэмахуэм къуажэм дывмыгъэкIуэжу зыдвгъэгъэпсэху» щыжиIэкIэ, ар Хынабдзэ хуидэркъым. «Зыщумыгъэгъупщэ уи адэ – анэр къызэрытпэплъэр. Тхьэмахуэ зэхуакIум махуэу дэтыр ябж абыхэм я пащхьэ дыщихьэжынур къахуэмыгъэсу.»