И тхьэкIумэр тегъэхуауэ дунейм и щIэращIэгъуэм и анэр зэрытепсэлъыхьым щIэдэIуа иужь, игъэщIагъуэу Хьэжсет жеIэ:
– Уэи, мамэ, уэ дохутыру ущIеджар сымыщIэ. Художник IэщIагъэр къыхэпхамэ, сурэт дахэ Iэджи пщIынт.
– Уэ сыбгъэщIыну сурэтыр сыт хуэдэт, си псэр зышхын?
– Уэи сэ уэзгъэщIынур мыратэм. Ди дадэрэ нанэрэ я бжэIупэм Iут дей жыгышхуэм пызу дэ пыту. Абы и лъабжьэм Iэнэ хъурей щIэту. А Iэнэм нанэ тхуипщэфI пIастэ гъуэжьым дзасэкIэ тхуигъажьэ лым хуэдэ тету.
Дадэ и жыгхэм къапыкIэ мыIэрысэ, кхъужь джабэплъхэм хуэдэ телъу. А Iэнэм дадэ, нанэ, сэ, Хьэрун, ди папэ сымэ дыбгъэдэсу. Уэ укъытщхьэщыту Iэнэ кIапэм тет стэчанхэм, бахъэ мащIэ къыхихуу, шэ гъэпщта къытхуипкIэу.
– Дэ къомыр дыщысу ди мамэ щыбгъэтынут, аракъэ?– Хьэрун игъэкIуэншэну хэтщ Хьэжсет.
– Сыт щхьэкIэ, ди дадэ Iэнэм бгъэдэсу ди мамэ зэрымытIысыр пщыгъупщIэжа? –
– Ей, уэри уэ, – жеIэ Хынабдзэ Хьэжсет и гулъытэр игъэщIагъуэу,– уэ уцIыкIу щхьэкIэ куэд бощIэ. Аращ тэмэмыр. Адыгэхэм я хабзэу къадогъуэгурыкIуэ нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу. Ахэр щысу нэхъыщIэхэр мытIысу, нэхъыжьхэм ябгъэдэсу нэхъыщIэхэр мышхэу.
– НытIэ ди дадэрэ нанэрэ дабгъэдэсу дагъашхэри. Фэ абыхэм фы ракъуэрылъхущ, иджыри лIыпIэ фиувакъыми аращ.,– жеIэ Хынабдзэ.
– АтIэ нанэрэ дадэрэ апхуэдэу фIыуэ плъагъу пэтми, нобэ къуажэм думыгъэкIуэжу паркым дывгъакIуи дивгъэс жыбоIэри, Хьэжсет?
– Уэи, мамэ, сщыгъупщэжатэм нэху дыкъекIмэ дадэрэ нанэрэ я деж дызэрыкIуэжынур. Ахэр къытпэплъэу къыщIэкIынщ. СощIэ ди дадэ къыдэкIауэ куэбжэ дыхьэпIэм деж щыт тетIысхьэпIэм зэрытесыр. Ди хьэ цIыкIури и кIэр игъэпIэжьажьэу абы бгъэдэсщ. Уэи, мамэ, а ди хьэ цIыкIу губзыгъэIейм. Мыпсалъэф щхьэкIэ, псори къыгуроIуэ. Ар ди дадэ апхуэдэу игъэсауэ аращ.
– Абы тэмэму гу лъыптащ, Хьэжсет. «Iэщри зейм ещхь мэхъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. ЦIыхури, Iэщри, хьэри зэрыбгъасэщ.
– НытIэ Хьэрунрэ сэрэ ди дадэ ещхь дыхъужыну?
– Фи дадэ зэбгъэщхьыр хэт уэ, Хьэжсет? –къритыну жэуапыр фIэгъэщIэгъуэну щIоупщIэ Хынабдзэ.
– Ар зыми ещхькъым.
– Зыгуэрым и хьэлкIэ, и теплъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ емыщхь щыIэу къыщIэкIынкъым.
– Ди дадэ зэщхьыр и адэ ЛIыгъуру е и адэшхуэ Мэзану къыщIэкIынщ, жеIэ Хьэрун.
– Уэ дэнэ щыпщIэрэ ар?– йоплъэкI Хьэжсет и анэм дежкIэ, Хьэрун акъылэгъу дэмыхъун къыфIэщIу.
Хьэжсет хэтщ адэшхуэр зыми емыщхьу, абы хуэдэ щымыIэу къыщIригъэдзыну. Хьэрун абыкIэ арэзыкъым. ИтIани Хьэжсет къикIуэтыну хэткъым. Щапхъэу къыхуехь езы зэкIуэшитIыр зы адэ – анэм къалъхуами зэрызэмыщхьыр. «Ар адрей дадэхэм ещхьу щытмэ сэ абы схуищIа чынутIым, щIопщым хуэдэ си ныбжьэгъу цIыкIухэм я дадэхэм хуащIыркъыми? Уэи емщхь- тIэ зыми! Псом нэхърэ нэхъыфщ тхьэ ди дадэ!» «НэхъыфIщ! Фызэмыдауэ абы щхьэкIэ, – жеIэ Хынабдзэ,– фIыми Iейми зэрыжаIэу абы ещхь фыхъуну фIэкIа сыхуейкъым. Къуажэм дэскъым абы пщIэ къыхуэзымыщI, школ щIэмыхьами, губзыгъэщи жылэм дэсыр чэнджэщакIуэ къыхуокIуэ.» Абы хэту Мурат къыщIохьэж.