– Ар а фызыжьым и къуэм сыту хуида?
– ЛъигъэкIакъым. Ар къысщхьэщыжырт икIи къызжиIэрт: «ЗыщIыпIи умыкIуэу дэс мы пщIантIэм зэрыдэкIыу сыт къыIэщIыхьэми къызиутIыпщырт, сигъэшхэртэкъым. «Мыращ си анэм и фэеплъу къэнар, и гугъу умыщIу мы пщIантIэм дэгъэс», – дапщэрэ жыриIа Жансурэт, арщхьэкIэ уи Iэли уиуди-идакъым. Сэри бынунэр бэлыхь хэзгъэтынкъым жысIэри си щхьэр къесхьэжащ.
– Мыбы, ЛъэужьрыкIуэ, ди фермэм къыщалъхуауэ жеIэ. И нэр къэпщIа къудейуэ яхьри къуажэм щапIащ, нобэр къыздэсым щыпсэуащ.
– Мыбы къыщалъхъуащ, – жыпIа, – ФIыуэ зымылъагъуж и нэм щIоIуэтыхь ЛъэужьрыкIуэ. Мыдэ нэхъ гъунэгъуIуэу къызэкIуэталIи сызэгъэплъыт. Мыщэ бгъэдокIуатэ. Ар ЛъэужьрыкIуэ зэпеплъыхь.
– КIыфIщи фIыуэ слъагъуркъым. И фэр сыт хуэдэ? Сэ плъыжьыфэ хуэдэу къысфIощI ар, Къарэ.
– Пэжщ, плъыжьщ, ауэ плъыжь – фIыцIафэщ.
– НэгъуэщI сыт кIэрыплъагъуэр?
– И кIэм хужь тIэкIу хэсщ, лъакъуэ сэмэгур лъакъуэхущ. И тхьэкIумэр хьэпщIом ейм хуэдэу къолэлэх.
– Догуэт, догуэт. Къэзгубзыгъыж хуэдэщ. Щыпсэуащ абы и анэр мы фермэм. Уэ абы и бгъафэм ущыщIаха махуэм гузэвэгъуэ телъар слъагъу хуэдэщ. Уэ къыптепсэлъыхь пэтми фIэмащIэурэ а тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ. Анэм и дежкIэ быныр зыхуэдэ щыIэкъым. Уэ абы ущыIэщIэкIа махуэм уэр щхьэкIэ и псэр итыну хьэзырщ. Абы щыгъуэ мы фермэм унафэщIу тесар гущIэгъуншэ гуэрти уи анэм къытриубыдэщ и щакIуэ фочри, адэкIи мыдэкIи имыгъакIуэу, гум урагъэтIысхьэху щытащ. Тэмэму пщIащ мыбы укъызэрыкIуэжар. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» жыхуаIэращ. Мыбы тесхэр зэрыхъум хуэдэу уэри ухъунщ: лIэмэ улIэнщ, тхъэмэ утхъэнщ. ЦIыкIуи ини, щIэи жьыи зэрыжаIэу зэрыIыгъыу дыздопсэу. Мис, сэ жьы дыдэ сыхъуа пэтми, нэмыплъ къызамыту, къысхуэсакъыу, езыхэм зыкъагъанэрэ сэ ерыскъы нэхъыфIыр сагъэшхыу сагъэпсэу. Сахуэарэзыщ, тхьэшхуэр арэзы къахухъу. Дэри къуажэм дыкъыщымыхъуами дощIэ гущIэгъу зимыIэ цIыхухэм зэрахэтыр. Дэ, хьэхэм, ди гугъу умыщIыхи, езы цIыхухэм фIыуэ зэрымылъагъу, зэрыукIыжыпэ яхэтщ. Жьы хъуахэм хуэмеижыр кIуатэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.
Сэ илъэс куэд къэзгъэщIащ, куэди си нэгу щIэкIащ икIи зэхэсхащ. Жьы хъуам пщIэ хуэзымыщIым гувэ – щIэхми къыхуэгъунукъым. «Лей зумыхьэ, псэ зыIутым и жагъуэ умыщI, зыгуэркIэ хутыкъуам дэIэпыкъу» къызжиIэу щытащ си адэм. Сэри абы и псалъэр нобэр къыздэсым зэрысхуэзэфIэкIкIэ согъэзащIэ. Иджы жьы сыхъуащ, сысымаджэщи схулъэкIыжыркъым. Ауэ Алыхьым гуфIэгъуэ къарит мыбыхэм, зы махуэ си жагъуэ къащIакъым.