Мыщэ шхэн еухри кхъуафэм къыбгъэдокIыж. Ерыскъы хуабэ Iухуэри нэжэгужэ къэхъужащ. Нэхъыщхьэу абы къъыгурыIуащ гъусэ зыхуэхъуа хьэхэми, фермэм тес Iэщыхъуэхэми Мыщэ и жагъуэ къызэрамыщIынур. «Сыкъытенэнщ мыбы» – зиплъыхъурэ жеIэ Мыщэ и гукIэ, – сыщылIэнкъым. Нэхунэ зэрыжиIэу щытащи, Алыхьым жыхуиIам дыхуэзэнщ».
Дапхуэдизу фIыуэ къыхущымытми, щтэIэщтаблэщ Мыщэ. Зы дакъикъи и гум ихуркъым къыщыхъуа, и гъащIэм и IэфIыпIэи щIалэгъуэр щигъэкIуа Нэхунэ и пщIантIэр, зы дзэкъэгъуэ фIэкIа имыIэми, ар щыуэ игуэшурэ къезыту щыта езы Нэхунэ.
Хьэуэ, нэмыплъ къратыркъым Мыщэ фермэм тес цIыхухэми хьэхэми. Я псэм, я нэм хуахьу къалъагъу ар абыхэм. Ахэм яхэлъ гущIэгъум щхьэкIэ Мыщэ имыщIэн щыIэкъым. ЛъэкIыращи, жэщым зи плъырыгъуэ хьэхэр игъэжейуэрэ езым фермэм щаIыгъ Iэщхэр ехъумэ. Зыгуэрым «цырхъ» зэрыжиIэу банэу щIедзэри, тIэкIу щхьэукъуа жэщ плъырыр къегъэуш, сакъ къакIуэIа си гугъэщ жыхуиIэу.
Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, зи чэзу Къарэ тIэкIу гукъыдэмыжти, абы и пIэкIэ зи плъырыгъуэ лIым щIыгъуу Мыщэ фермэр ихъумэрт. «Уэ, Мыщэ, умыбэлэрыгъ, сэ зы сыхьэт хуэдэкIэ сыщхьэукъуэнщ» – жеIэри, лIыр щIэщIым тогъуалъхьэ. Мыщэ зыкъригъэлыжын сытми апхуэдэ къалэн и пщэм къралъхьауэ-емытIысэхыу жэмхэр, IэщIэвыщIэхэр зыщIэт бохэр мыпIащIэу, къэувыIэрэ зыщIэдэIукIрэ аргуэру ежьэжыу, къекIухь. Псори мамыр хуэдэщ. Дыгъужь къеIэнкIэ Мыщэ шынэркъым, ахэр мащIэ хъуащи, илъэсым къриубыдэу зэзэмызэщ щалъагъур. Ауэ дыгъужь лъакъуитIхэр егъэлеяуэ бэгъуащ.
Ахэр къащтэ, яшх хъун зыдэщыIэ щIыпIэхэм жэщ, махуэ ямыIэу къыщохутэ. Щысхь лъэпкъ ящIэркъым.
И бзэр мыпсалъэ пэтми, Мыщи къыгурыIуащ: иджы нэхъ зыхуэсакъын хуейр ахэращ. Фермэм тес хьэхэм мызэу къахуихуащ дыгъужь лъакъуитIхэр щыщIагъэIа.
Мыщэ бэлэрыгъыркъым: мэдаIуэ, мэпамэ, зыщIэтIысыкIыурэ жэщ кIыфIым пхоплъ. ДэнэкIи щымамырщ, итIани жей зэрымыхъунур ещIэ. Плъырыр абы зыкъомкIэ къыщогугъ. ИтIанэ къызыщIоувыIыкIри, дыгъужь «лъакъуитIхэр» къыздэкIуэнкIэ хъуну лъэныкъуэмкIэ и гупэр гъэзауэ мэтIыс, тэкIу зигъэпсэхуну.
ИтIани бэлэрыгъыркъым Мыщэ. КъэмыхъуIауэ жэщыр игъэкIуэн щхьэкIэ и нэбдзыпэ зэтримылъхьэу нэху игъэщынущ. Мыщэ есакъым къызэрыщыгугъымкIэ игъэщIэхъуIауэ. Ар Нэхунэ егъэлеяуэ фIыуэ илъагъуу щIыщытар арат. КъыщIэкIрэ пщIантIэм зэщиплъыхьамэ, зыхуейр къищIа хуэдэ бгъэдыхьэрти худэплъейуэ тIэкIурэ щытт, итIанэ зыщихъуэу щIидзэрти «мобыкIэ кIуэ, е мор гъащтэ» – жыриIэху бгъэдэкIыртэкъым.