А дакъикъэм Мыщэ и нэгум къыщIоувэж икIи йогупсыс жьы дыдэ хъуа Лъэужьрыкъуэ хуащI пщIэмрэ Жансурэт Нэхунэ зэрыхущытамрэ и нэкIэ имылъагъуамэ къыжраIэкIэ и фIэщ хъунтэкъым хьэхэм я кум апхуэдэ лъагъуныгъэ дэлъу. Пшапэ зэхэуэгъуэм зэманыр нэсати,Iэщыхъуэхэр зыщIэс унэмкIэ джэ макъ къоIукI.
– Пщыхьэщхьэшхэ фагъэшхэну къыводжэ,– жеIэ Лъэужьрыкъуэ.– ФыкIуэ. Уэри, хэт жыпIа уи цIэр?
– Мыщэщ.
– АтIэ уэри кIуэ, Мыщэ, щIыIэр, пщтыр гуэр уемыфэмэ упIыщIэнщ.
Тхьэмадэм и хьэуазэм Къарэрэ Мыщэрэ къикIыу шхакIуэ щежьам адрейхэр хьэ Iус ефапIэм насакIэт.
Къарэ нэхъ псынщIэ зещIри, Мыщэ япэ йощ. Мыщэ хуэмурэ макIуэ. Хьэхэм я шхапIэм щынэскIэ, ябгъэдэмыхьэпэу къызэщIоувыIыкI. НакIуэпакIуэу яхыхьэу ядэшхэну къригъэзэгъыркъым. «Мыри дэнэ къикIа хьэ хьэулей» – жиIэнщ хьэ Iусыр хьэкхъуафэм яхудэзылъхьэ лIым» – игу къокI Мыщэ. – Бзаджэ гуэрмэ Iэ ижьымкIэ иIыгъ бэлагъышхуэр къызиутIыпщынкIэ зэфIэнэнукъым» – и щхьэ мыгъуагъэ хуехьыж Мыщэ.
– Мыр щхьэ фымышхрэ, – жиIэурэ хьэкхъуафэ плIанэпэм дэлъ Iусыр адрейхэм яхуегъэкIуатэ лIым. АрщхьэкIэ и бгъум щыт Къарэ пэкIэ къеIунщIурэ кхъуафэ плIанэпэм детхъуэж.
– Сыт пщIэр зищIысыр? – мэгубжь лIыр. – Мыр хьэрэму ара? Етхъу аргуэру Къарэ дежкIэ. Ар аргуэру пэкIэ хущIэроуэри, шхэныр зэпигъэуауэ Iусыр къезыта лIым худоплъей. ИтIанэ, мор плъагъуркъэ жыхуиIэу, Мыщэ дежкIэ зоплъэкI. ЛIыми абы гу лъетэ.
– Мис иджы къызгурыIуащ псори. Мобы и Iыхьэ къэбгъэнауэ аращ. Уэри дэнэ укъыздикIар. Куэдрэ зумыIуэнтIыхьу къакIуи шхэ. Мис уи Iыхьэр плIанэпэм дэлъщ.
Мыщэ и пIэм къимыкIыу, лъэныкъуэкIэ йоплъэкIри, игъэзэжыну хуожьэ.
– Уэракъэ жыхуэсIэр! – лIым бэлагъыр еший аргуэру Мыщэ дежкIэ. – КъекIуалIи къыпхуагъэна мы уи Iыхьэр шхы.
Хьэхэм шхэн щагъэтауэ, Мыщэ дежкIэ маплъэ, къакIуэ жыхуаIэу. АрщхьэкIэ мэукIытэри и пIэм къикIыркъым. ИтIанэ хуеплъэкIыурэ къыщIопхъуэж. Мыщи хуэмурэ хьэкхъуафэм бгъэдохьэ. ЖэщитIрэ махуиIрэ хъуауэ зы дзакъэгъуи и джийм емыха пэтми, нэпсеягъ хэлъу къыхуагъэнам епхъуэркъым, машхэ мыпIащIэурэ. Абы нэхъ ерыскъы IэфI игъащIэм и бзэгум темыхуауэ къыфIощI, апхуэдизкIэ мэжэлIащи.
Адрей хьэхэр щхьэж и занщIэу зэбгырыкIауэ хэт уэсым зыхекухь, хэти хьэмбыIуу тIысауэ зеплъыхь. Къарэ Мыщэ нэхъ и гъунэгъуу къэувыIауэ щышхэм и пэм кIэрыпщIахэр уэсым хиIуурэ кIэрелъэщIыкIыж. Хьэхэр зыгъашхэ лIым пэгун джабэм къыкIэрынаIамэ бэлагъымкIэ къыкIэрихыжурэ Мыщэ худелъхьэ. «Шзэ умыукIытэу, – жеIэ абы, – уэ сэ слъагъур икъукIэ умэжэлIащ. ЩIымахуэбгым дэнэ укIуэн. Мыбыхэм урагъусэу гъатхэ хъуху мы фермэм тес. Адрейхэр зэрыхъум хуэдэу уэри ухъунщ. КIэщI-кIэщIурэ лы уэзгъэшхыну укъэзгъэгугъэркъым, ауэ уи ныбэ згъэныкъуэнкъым. Сэ мы фермэм пщафIэу сытесщ».