Фермэм къытекIыжу гъуэгум щынэсыжым, Мыщэ аргуэру зэ хьэхэм я дежкIэ йоплъэкIыжри, гъуэгубгъум бгъурыту йожьэж.
МакIуэ Мыщэ, зэзэмызи хэущыкIыу. Зыкъомрэ кIуа иужь, къэувыIэрэ и хъуреягъкIэ зиплъыхьу. Машинэ е гу къыкIэлъыщIыхьэмэ, гъуэгум токIуэтри блегъэкI.
Мыщэ и щхьэр иужэгъуакъым. ГъащIэр къытехьэлъэ щхьэкIэ хуейщ псэуну. Псэ зыIут псори аращ зыхущIэкъур. Зыхуей игъуэту и гъащIэр зыгъакIуэм и гугъу умыщIыхи, я нэхъ гугъуехь ин дыдэр игъэву псэуми «сылIащэрэт» жиIэнукъым. Алыхьым и шыкуркIэ Мыщэ узыншэщ, и екIуэлIапIэкIэ, и псэупIэкIэ и Iуэху мыщIагъуэми, щогугъ Алыхьым телъ гугъуехьыр илъагъуу къыдэIэпыкъуну.
Абы теухуауэ Нэхунэ къыжриIауэ щытар Мыщэ и гум зы махуи ихуркъым. Гъуэгу здытетым и псалъэхэр и нэгум къыщIоувэж. «Сэ си гъащIэр здынэсынур Алыхьыращ зыщIэр. Ауэ «Псэ зиIэм уахътыи иIэщ» жыхуаIэр аращи, икIи си ныбжьыр хэкIуэтащи, сэ уи япэ сищынущ, Мыщэ. Си узыншагъэр щIагъуэжкъым, ерыскъыкIи сызыхуей сыхуэзэркъым. Махуэ псокIэ зы дзэкъэгъуэ си джий щемыха къысхуихуащ, сысымаджэу пIэм сыхэлъу. Псы щхьэкIэ сылIэу, ауэ сыкъэтэджу сефэну си къарум къимытIасэу жэщ дапщэ згъэкIуауэ пщIэрэ уэ, Мыщэ. Сэ къытезгъэзэжу бжесIэми, уэ а псори уи нэгу щIэкIащ. ИтIанэ сыгужьейуэ зэи сыкъэдзыхакъым, сылIэн къысфIэщIу сыкIий, сыгуоууэ хьэблэр къызэщIэсIэтакъым. ГугъапIэ нэхъыщхьэу сиIэрати, къыстепсыха гугъуехьыр сыкъэзыгъэщIауэ сызыгъэпсэу икIи сызыгъэлIэжыну Алыхьым дапщэщи си Iуэхур бгъэдэслъхьащ. Уи фIэщ зэрыхъун, Мыщэ, узыр къызэзытар уэращи сшэчынщ, уэ уи хьэзабыр си дежкIэ хьэлъэкъым зэрыжысIэу сыкъыхэзыгъэзыхь узыр, къэIэбэу скIэрихам хуэдэу, си Iэпкълъэпкъым хэкIырт. Уэри, Мыщэ, сэ дунейм сехыжу уи закъуэ укъанэ щхьэкIэ умыгужьей. Псэ зэпылъхьэпIэ уихуэми, уи нэм къыщхьэримыпхъуэу уи Iуэхур Алыхьым бгъэдэлъхьэ. ЕлъэIу къыбдэIэпыкъуну. Ауэ къыптепсыхэм укъелын щхьэкIэ уэри плъэкI къыумыгъанэ. «Хьэрычэт щIэи, берычэт хэслъхьэнщ» – жиIащ Алыхьым.
Нэхунэ къыхуигъэна а уэсятыр и гугъапIэу, Мыщэ и гъуэгум хегъэщI. Мэущ мыпIащIэурэ. КъыкIэрыхъыжьа гъудэхэм жьэкIэ якIэлъопхъуэ, и цым хэпщхьауэ къедзакъэхэр къэувыIэурэ зыщIотIысыкIри, и дзапэфIанэмкIэ хепIытIыхь.
Мыщэ гу лъитэркъым дунейм зэрибэвыгъуэм, и щхьэ илъажьэщи. Вагъуэу хъуар къехыу япытIысхьам хуэдэу, гъэгъа сэхураныщхьэхэм дунейр нэхъри ягъэнэху. УдаIуэмэ, зи тхъэжыгъуэ бжьэхэм я зэщIэвыуэ макъыр тхьэкIумэм къоIуэ. Зым къытелъэтыкIым адрейм тетIысхьэурэ я шырхэр зыхапIыкI сэхураныщхьэ сабэр зэрахьынум хуэдэу я лъакъуэхэм кIэрагъэзагъэ. Гъэгъа цIыкIухэм къраш фоупсыр я Iум щызэхуахьэс безынэхэм зэрыракIэнум хуэдэу. А псомкIи ирикъуахэм хьэлъэ-хьэлъэу заIэт. Зэхуахьэсар яунэщIу къэзыгъэзэжахэм сэхуран вагъуэхэм зытрагуашэ.