Ди фэм дэкIа адрейхэм я гугъу умыщIыхи, фэ, ди бынитIыр, ди Iэблэ зэрызым фытесу, адрей ди Iэблэ зэрызымкIэ сумкIэ хьэлъэ тIыгъыу автобускIэ къуажэм дыкIуэжу ди фэм икIар зымыгъэунэхуам ауэ жыжьэуи и нэгум къыхущIэгъэхьэнукъым. Уэшх къешхми, уэс къесми, утеувэ мыхъуу мылми къэдгъанэртэкъым. Абы щыгъуэми автобусым дыкъикIыжа иужь, километрищ – плIы лъэсу ткIужырт. Щыгъыну тщыгъыр къанэ щымыIэу псыф хъуху Iэджэрэ уэлбанэм гъуэгум дытриубыдащ. Ди Iэпэлъапэр пыщтыкIауэ фэри фыдиярэ фыгъуэгыу щIымахуэм зэпытча гъуэгуанэм и гугъу умыщIыххэ. Абыхэм тэмакъкIэщI уащIын уи гугъэтэкъэ, си хъыджэбз. Мис апхуэдэу ди псэр зэпычу, хуиту зыдгъэпсэхуну зы махуэ дыхущIэмыхьэу ди щIалэгъуэр дгъэкIуащ. Уэ узипхъущи дэнэ сыпхьыжын, сымыукIытэжыхэу бжесIэнщи, уи адэмрэ сэрэ ди пIэщхьэгъ зыуэ зы жэщ нэху дыкъекIыну Iэмал дымыгъуэту, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI щекIуэкI Iэджэрэ къэхъурт. Апхуэдэ гъащIэкIэ Алыхьым зыми сыхуимыгъэупсэкIэ.
Ан – на, делэ сыхъужа си гугъэщ, сыпсалъэурэ фи щхьэр згъэузащ. НакIуэ ныщIыхьэ унэм. Уэри, Мыщэ, гъащIэу къысхуэнэжар сухыху бэлыхьу птезгъэлъар зэрыспшыныжыным сыхущIэкъунущ. Дэс мы пщIантIэм зыкIи укъыхэмыскIыкIыу. КIущи къэкIуэжамэ арат. КъыкъуэкIыжу щытмэ, сылIэху ари си пIэ кIапэм тезгъэсынщ. И жагъуэ къащIу зыми хуэздэнкъым.
«Iей мыхъу фIы хъужыркъым» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Мыщэ и щхьэм кърикIуа псори щыгъупщэжа фIэкIа умыщIэну, и щхьэр лъагэу илъагъужащ иджыпсту. И жьыщхьэ иIуэтэжауэ къелъытэ. Йожьэри, нобэ япэ дыдэу мы пщIантIэм къыдыхьам хуэдэу плIэнэпи, щIыхьэпIи къимыгъанэу зэпеплъыхь. Елъагъу, псэ зыIутхэм я закъуэкъым жьы хъур. Зэманым и нэпкъыжьэ якIэрыболъагъуэ пщIанIэм дэт, дэлъ псоми. Абыхэм якIэлъыIэбэн пщIантIэм дэсауэ щытамэ зэи къыкъуэмыкIыжыну зи дыгъэр къухьэж гъащIэм и фэ Нэхунэ и пщIантIэм къытеуэнтэкъым. Гуэщыщхьэм телъ бгъэныр Цу и лъэгум и щыпаупщIу къашэу щытрабгъауэ щытар Мыщэ и нэгум къыщIоувэж. Иджыпстууи къыщIихьэ хуэдэщ паупщIагъащIэ бгъэным и мэр. Гуэщым и бжьыхьэкIапэхэм бзухэм абгъуэ щащIауэ гъэмахуэ къэс щыкIэцIырт, шыр цIыкIухэр къыщрашырт, я дамэ цIыкIухэр жыуэ езыр-езырхэу лъатэф хъуху щагъашхэрт. Иджы апхуэдэ зыгуэри пщIантIэм дэплъэгъуэжыркъым. Бгъэныщхьэ ныкъуэфыр бзухэми ябгынащ. Iэпхъуащ ахэр и фIыгъуэу гъащIэр щыщIэращIэ нэгъуэщI пщIантIэ. ЩымащIэкъым апхуэдэхэр Жыг фIыцIэ къуажэм. Жьым и пIэ щIэ къихъуэн хуейщ дапщэщи. Ар гъащIэм и нэщэнэщ. Дыгъэу къатепсэр яфIэмащIэу, уэшхыу къатешхэмкIэ замыгъэнщIу къохъу жыгыщIэ цIыкIухэм пызыщэну щIэблэ цIыкIухэр.