– ЩIэкIи плъэт, – жеIэ Мурид, и IэблитIыр зыщIигъакъуэурэ и щхьэр къеIэтри. – КъыдыхьэIами пщIэркъым. Муратрэ Хынабдзэри къэкIуэж хъунщ.
– Нобэ, е щэбэткъым, е тхьэмахуэкъым дауэ къызэрыкIуэжынур, – жеIэ Жансурэт. – Махуэ псом лэжьауэ сабиитIри якIэрыщIауэ абы нэс къикIыу къэкIуэжыфын ахэр.
Жансурэт щIокI бжэкъуагъым къуэт башыр къищтауэ зыщIигъакъуэурэ. Зиплъыхь щхьэкIэ зыри илъагъуркъым. Мыщэ бгъэдыхьауэ и щхьэм толъэщIыхь «Сыт къыпщыщIар, си псэр зышхын тIэсэ», – жиIэурэ. ХьэмбыIуу щыс Мыщэ и пхэр къиIэт-етIысэхыжурэ гуэщымкIэ маплъэ хэпщIэукIыурэ. Жансурэт къыхуэщIэркъым ар зыхуейр. ИтIанэ гъэщхъауэ зыщхьэщыта хьэм зыкъыщхьэщеIэтыкIыжри, Мыщэ и щхьэр здэгъэзамкIэ, Iэдакъэжьауэ ищIурэ маплъэ. «Алыхь, Мыщэ, а уздэбанэмкIэ зыри щымыIэ, – жеIэ Жапсурэт. – Iэщкъым, джэдкъазкъым зэрыжаIэу а псэуалъэ бгынэжам хэт уи гугъэрэ къэкIуэнур. Ахэри щыдиIам нэхъыфIт. Зи мыхъуми гъэш, джэдыкIэ дыщыщIэртэкъым. Иджы къалэм къытхурахым дыщыгугъыу дыкъэнащ. ЗылъэмыкIыж дэтхэнэми аращ и IэнатIэр. Алыхьым тхуигъэузыншэ Хынабдзэ. ДыщигъащIэркъым гъэшхэкI ерыскъым. Чефири, шати, кхъуейлъалъи ди щIыIэлъэм сытым дежи дэлъщ. Ауэ ууейуэ къэпщтэжым хуэдэ щыIэкъым. Чефирыр Мурид фIэфIщ, зыпищI щымыIэу иреф. Шатэращ илъагъумыхъур. «Мыр шатэкъым-шхущ, – жеIэ къалмыкъшейм хикIэну щесткIэ, – Шхум хуэдэу зэщIокI». Ар сощIэри, гъунэгъухэм я деж шатэ къыщызощэхури шейхэкIэу хузызохьэ.
Алыхь хьэблэм дэсхэми шэ е шатэ къуамыщэф. Кърагъэзэгъыркъым. Ауэ щыхъукIи бэзэрым яхьурэ ящэ.
Сынопсалъэурэ уи щхьэр згъэузауэ къыщIэкIынщ, Мыщэ. А псом уэ сыт мыгъуэ хэпщIыкIрэ. Фызыжь делэ жыхуаIэр сэ схуэдэщ. КъыбгурыIуэ хуэдэ си щхьэр къовэри сыщытщ. Аращ-тIэ, жьыгъэр фIыуэ щытамэ, абы зыпыIуадзу дунейр яхьынтэкъым. Аращ къызыдэкIуэр щхьэхуэпсалъэ хъунри.
Мыщи, Жансурэт къепсэлъэху, жиIаухъуар къыгурыIуэм хуэдэу, мамыру щысащ. ИтIанэ, аргуэру щIедзэжри, гуэщымкIэ плъэуэрэ хопщIэукI. ЗыкъеIэтри абыкIэ макIуэ. Жансурэти кIэлъокIуэ. Носри, Мыщэ гуэнэщыщхьэм дэлъеину хуожьэ, арщхьэкIэ блыным кIэрыувэ мыхъумэ зиIэтыфыркъым.
Абыи жьыгъэр къытекIуащ.
«Зэт-зэт, Мыщэ, уи пщIэуныр гъэбэяут, – жиIэурэ хьэм и щхьэм Жансурэт толъэщIыхь. А си тхьэкIумэм къиIуар джэду пщIэу макъщ. Гуэщ бгынэжар джэду хьэулей гуэрым псэупIэ ищIауэ арагъэнщ. НакIуэ, Мыщэ, нэкIуэж» – къожьэж Жансурэт. Мыщэ абы къыхуеплъыкIыурэ пщIэу мыхъумэ унэмкIэ къиунэтIыжыну и мурадкъым. И пщIэу макъым нэхъри зрегъэIэт Мыщэ, дыгъэбгъэнауэ дэнэ уздэкIуэр жыхуиIэу.