– Пэжщ, цIыхухъум и щытыкIэми куэд иIыгъщ. Мурат зэрыцIыкIу лъандэрэ адэ – анэкIэ гумащIэщ. Ауэ мыри зыщумыгъэгъупщэ. ЦIыхубзыр хуейуэ щытмэ адэри, анэри, благъэри зэрыжаIэу IэщIыб уигъэщIыфынущ. Зэпымыууэ теткIуэу щытмэ псы ткIупсми мывэр еугъуэн. ЦIыхубзым и Iуэхури апхуэдэщ, и жьэр имыгъэувыIэу зэпымыууэ уи щхьэкуцIым къитIыхьу щытмэ акъылу илъыр иритIыкIыу езым ейр кърилъхьэфынущ. Сэр дыдэми уэ ар къызэпщIэфащ. Дапхуэдиз лей си анэм кIэлъызомыхьами уизмыгъэкIыжыфу сыбгъэшэчащ. Ди бынитIыращ здэсхьын сымышIар. Абы щхьэкIи къэзмыгъанэу Iэджэрэ яужь сихьащ Къэргъейхэ уахуэсшэжыну, арщхьэкIэ Нэхунэ адэкIи мыдэкIи сигъэбэкъуакъым «Фи бынхэр здэвмыпIыжу щытмэ быдзышэу узэзгъэфар хьэрэм пхузощI» – жиIэри. Жыжьэ сыIэбэнкъым. Мес си къуэ нэхъыжьым щхьэгъусэ хуэхъуар уэ пхуэдэ зыгуэрщи илъэсым зэ къэкIуэжу дыкъалъагъуми аращ. ДылIэми дытхъэми ящIэркъым. Ар щыцIыкIум щыгъуэ Мурат нэхърэ нэхъ гумащIэжт. Псом хуэмыдэу уэрщхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым. Иджы еплъ зэрыхъуам. Иужьыгуащ ар фыз щхьэзыфIэфIым. И фызым къыжриIэр Алыхьым жиIауэ къыфIэщIыжу мэпсэу. И IеицIэ жыпIэмэ IэлфIыцIэу къызокIуэкI. Щхьэлбзаджэщ цIыхубзыр. Къыппэлъэщу абы ущIэхуа иужь упсэуху уихьэжынущ.
– Хъун мыгъуэщ, хъун! Къэхъуа псори зи лажьэр сэращ! – зэщыджу мэгъынанэ Жансурэт. – Сыт сщIэн Алыхьым къысхуищI си унафэщ. Сшэчынщ абы къыстрилъхьэ псори дунейкIи ахърэткIи. ЗикI умыгузавэ си гуэныхьым щыщ уэ къыплъагъэсынкъым. Ар уфIэмащIэу щытмэ уи нысэ Хынабдзэ и тхьэкIумэр хуэIуантIэ сэ уи анэм сызэрыхущыта дыдэм хуэдэу къысхущытыжыну. КъыжьдремыкI абы сэ схуэгъэзауэ зы псалъэ гуапэ. КъысхуремыщI гущIэгъу лъэпкъ. Срегъэунэху дунейкIэ уи япэкIэ мывэ бгъажэмэ узэрыхуэзэжынур. Адэ нэхъ пасэу сылIэу ахърэтым щысшэчамэ нэхъыфIт Алыхьым и тезыру сэ къыслъысынур. Иджы уэри уи жьэр умыгъэувыIэу укъызопIэскIу, фэмрэ къупщхьэмрэ сыкъыхуэна пэтми ар уфIэмащIэу. Ди щхьэщыгум ит Алыхьым солъэIу икIэщIыпIэкIэ псэхэхыр къысхуигъэкIуэну. Фи натIэм сиджэлыжмэ псори фытыншыжынщ.
И IэлъэщI кIапэмкIэ Жансурэт зызэпелъэщIыхьыжри, бжэныфэ нэмэзлыкъыр унэ лъэгум щеукъуэди, ахъшэм ищIыну. И ныбжьыр хэкIуатэу и гъащIэм и нэхъыбэр зэригъэкIуам зыщIигъэгупсысыжри нэмэз щIыкIэ зригъэщIауэ и зы нэмэз уахъты блимыгъэкIыу ещI. духьэуэ къабж псори зригъэщIащ и гъунэгъу духьэшы КIурацэ деж кIуэуэрэ. Къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жаIэ. Нэмэз щыгъэр игъажэм тхьэ елъэIуурэ нэмэзлыкъым щытежае къохъу.