Жансурэт иIыгъ башыр зыщIигъакъуэурэ унэм носыжри кIэлындорым докIуей. «УкъэкIуэжрэ, Мыщэ» – жиIэурэ къызэплъэкIмэ, и пIэм къимыкIауэ щысщ хьэр. «КъэкIуэж, Мыщэ, ар джэду хьэулейщ» – щIохьэж Жансурэт унэм.
Абы и псалъэмакъыр зыхихауэ Мурид щIоупщIэ:
– Хэт, фызыжь, узыдэуэршэрыр?
– Алыхь, Мыщэм сызэпсалъэр. ГуэщымкIэ кIуэри хьэмбыIуу тIысауэ джэду пщIэу макъым щIэдэIуу, зэзэмызи хэпщIэукIыу щысщ. Гуэщыщхьэм дэлъеину хуежа щхьэкIэ зиIэтыфакъым. Жьы дыдэ хъуа мыгъуэщ.
– Джэду пщIэу макъ жыпIа? , – къызэфIотIысхьэ ерагъмыгъуейкIэ Мурид.
– А фызыжь делэ, ар джэду хьэулейуэ къыщIэкIынукъым! КIущэ къэкIуэжауэ арагъэнущ.
– Уи фIэщу жыпIэрэ! Алыхь абы си акъылыр хуэмыкIуа. Арауэ къыщIэкIмэ дунейнасыпу къэслъытэнт. Мыщэрэ абырэ зэгъусэу мы пщIантIэм дэсу слъагъумэ Алыхьым къысхуимыщIа щыIэкъым. А тIум ясха лейр сымылIэ щIыкIэ схуэгъэзэкIуэжмэ къысхуимыщIа фIыгъуэ щыIэкъым.
– Уэлэхьэ, фызыжь, уэ ар къохъулIэну уи гугъэми укъопцIэмэ. Уэ, езыр, хьэдрыхэ гъуэгум утетщи абыхэм я гуэныхьу къэпхьам щыщу дунейм щыпшыныжыфынур мащIэ дыдэщ. Къеймэтмахуэм здэпхьыну къыпхуэнэми урикъунщ.
– Елъ абы жиIэр! ИгъащIэм си Iупэм утесу уогъакIуэ уэ зэманыр. Сэ фIы гуэри сщIауэ къыщIэкIынщ къэзгъэщIа гъащIэм къриубыдэу.
– ПщIаIами зыхуэпщIар уи щхьэращ, ахъумэ нэгъуэщIым щхьэкIэ зы жэщи уи жей бгъэныкъуакъым. Хьэмрэ джэдумрэ я гугъу умыщIыхи ди анэ тхьэмыщкIэм псалъэ дыджу иупэсар гуэныхьу урикъунщ. Уэ Алыхьым гъэунэхуакIуэу гъусэ къыпхуищIауэ къыщIэкIынущ уи нысэ Хынабзэ. Ар къызэрытхущытым, къытхуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ упсэууэ уи нэгум щIигъэкIыну аращ. Абы дерс гуэр къыхэпхынщ жысIэнущи, уи дыгъэ къухьэгъуэр къэблэгъащ. ИтIани уэ пхуэмыдэу нэхъыжьым гукъабзэ – щхьэкъабзэкIэ бгъэдэт цIыху зэрыщыIэр упсэу щIыкIэ Алыхьым уи нэгу щIегъэкIри, нэгъуэщI мыхъуми уи лIэгъуэм зыкъэпщIэжынщ.
Апхуэдэу зэрыжысIэм щхьэкIэ уэ жыхьэнэмэкIэ сыпхуэупсэу аракъым. ЗэгъащIэ ар фIыуэ. Сыт хуэдэу щымытми, ди гъащIэр здэдгъэкIуащ, бын къытщIэуващ. Тхьэм ахэр тхуигъэузыншэ, тхьэм дыщIригъэлъхьэж.
Мурид псэлъэху Жансурэт зыри пидзыжакъым. Пэжым нэр ирещI жыхуаIэрати, щыму щысащ. ИтIани и гум къыдрихьеяр жимыIэу хуэшэчакъым.
– Алыхь, лIыжь, блэкIар къэбужьгъыжу си нэкIум къыумыупцIэжами зыягъи мыкIынт. Сэ ар къызгурымыIуэжауэ уи гугъэми укъопцIэ. Солъагъу Хынабзэ гугъу зыкъызытхуригъэхьри. Си щхьэ, си бын нэхъыфIщ жимыIэу псори зыредзэкIри къуажэм къокIуэж. Дауи, ар абы и закъуэ и фIыщIэу къыщIэкIынкъым. АбыкIэ ди къуэм и фIыщIэри гъэкIуэдын хуейкъым.