Жасы ищIу гъуэлъыжа щхьэкIэ, нэху щыху и нэбдзыпэ зэтрилъхьакъым. Апхуэдэщ жэщ къэси. Махуэм тIэкIу мэщхьэукъуэри, и жей псори абыкIэ зэфIокI. Нриуэ – къриуэурэ махуэр егъакIуэри тIэкIу тоу. Жэщыращ Жансурэт къытехьэлъэр. Гупсысэм зыщIиубыдауэ здыхэлъым абы и гъащIэр зэригъэкIуар тхылъ напэ зэрызурэ къызрегъэдзэкIыж. Ирилъагъуркъым абы гущIэубыдэ гуэри. Езыр–езырурэ и щхьэфэцым зыщиIэт къохъу. Щыхилъафэ зэзэмызэми гугъуехьыр телъущ зэрыжейр. Елъагъу пщIыхьэпIэу фIыцIэ защIэкIэ хуэпа гуэрхэм къауфэрэзыхьу, я Iэ бэлацэ шынагъуэхэр къыхуашийуэ, и пщэр щаубыдыкIыпэрэ ятхьэлэну къытегуплIэу. Гурыму хуежьэу, къыпщыщIар сыт жиIэу, Мурид къыщигъэуш къохъу ар.
ПщIыхьэпIэ мыфэмыцхэм жьыуэ къызэфIагъэувэ Жансурэт. Нышэдиби ар къэтэджу кIэлындорым къыщытехьам нэхулъэ къищIу хуежьа къудейт. Дунейри, цIыхухэри, къуалэбзухэри – псэ зыIут псори жей IэфIым зэщIиубыдащ, апхуэдизкIэ уэмщи, бжэIупэм Iут мэракIуэхъу жыгышхуэм и зы тхьэмпи хъейркъым. Жансурэт и закъуэщ зи псэр пIэм къыхэзыхар. А дакъикъэхэм абы и нэгум щIокI махуэщIэр къызэралъхур. Илъэс блыщIым щIигъуауэ псэуми, нышэдибэ фIэкIа гу лъитакъым абы гъащIэр къызэрыушым. ЩIакIуэ фIыцIэу щIым щхьэщылъа жэщыр зэлъыIукIуэтурэ и зэхуакум къыдоувэ нэр зыщыджыл пшэплъыр. КIуатэ пэтми абы зиукъуэдийуэрэ кIыфIыр щхьэщокIуэт. Джэуэ щIадзэ жьырытэдж къуалэбзу закъуэтIакъуэхэм. Уафэ джабэр къонэху. Иджы кIыфIыжкъым зытет кIэлындор кIыхьри, абы Жансурэт зыщеплъыхь. Аддэ плIанэпэм дэлъщ Мыщэ и пэр кIэ лъэбжьэм щIэлъу жейуэ. Абы щыбгъэдэкIуатэкIэ илъагъур япэ щIыкIэ и нэм къыфIэщIу къыщохъу. Нэхъри зригъэзыхрэ еплъмэ – Мыщэ и кIуэщIым зришыхьауэ джэду гуэри мэжей. «Тобэ ярэби, – жеIэ Жансурэт илъагъур игъэщIагъуэурэ, – «дунейм и къутэжыгъуэр къэблагъэмэ, хьэмрэ джэдумрэ зэфI хъунущ» жыхуаIэр мыракъэ. Догуэт-догуэт! Сыщыуэ си гугъэщ. Си нэр нэжу щытмэ мы слъагъур ди КIущэщ. КъыкъуэкIыжащ КIущэ! – пщэдджыжьым тIэкIу хилъэфа Мурид къигъэущу, ину жеIэ Жансурэт. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» жыхуаIэрти, КIущи къекIуэлIэжащ къыщыхъуа, ерыскъы IэфI куэд Нэхунэ щригъэшха лъахэм».
Жансурэт и псалъэмакъым къыдэуша КIущэ къыщхьэщытым къыщыIуплъэкIэ, Мыщэ и кIуэщIым къотэджыкIри, лъэныкъуэ зригъэзыну хуожьэ. Илъэс бжыгъэ дэкIами, щыгъупщэжакъым абы Жансурэт къызэрыхущытари иджыри и кIэмкIэ иубыду мэрэкIуей жыгыжьым ириудэкIыну къыфIощI. ПщIэууэрэ зыдекъузэ кIэлындор плIанэпэм. «КIущэ, дахэ, укъысщымышынэ, – жеIэ Жансурэт джэдум телъэщыхьыну Iэбэурэ, – СыIэбэмэ сылъэмыIэсыжу сыхуещIегъуэжащ Мыщэрэ уэрэ гынбжьыну сызэрыфхущытар. Фэри Алыхьым солъэIу къысхуэвгъэгъуну. Арэзы фыкъысхуэмыхъужауэ дунейм сехыжмэ си тIоулIэу аращ».