Хьэзрэт куэдрэ сымаджэм яжреIэ: «Фхуэстх хущхъуэр зэфхьэлIэ. Ар Iэмал имыIэу сэбэп къыфхуэхъунущ. Ауэ фи узыншагъэ зэфIэувэжыныр зэрыщыту хущхъуэм и пщэ ивмылъхьэ. Фэри абыкIэ дэIэпыкъуэгъу фымыхъуу хъунукъым. КъывэхьэлъэкIми, пIэм зыдевмыгъэхьэхыу пщэдджыжьым жьыуэ фыкъэтэдж. Фи пщIантIэм Iэщ дэтмэ факIэлъыIэбэ: мэкъу ефт, псы евгъафэ, IэщIэлъыныр зэфхъуэкI. Зыри фимыIэрэ – пщIантIэм къыщыфкIухь, фызыпэлъэщ нэгъуэщI гуэрхэм яужь фит. Узыр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ кIуэжыгъуафIэкъым. ФыIэбэхукIэ фи Iэпкълъэпкъыр зокIуэ, фи гур нэхъыфIу мэлажьэ. Тхьэмахуэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми зывгъэпщIантIэ. ЩIыфэр узыншэу щытынымкIэ ар сэбэпышхуэщ».
Хьэзрэт и чэнджэщ псори Мурид игъэзащIэу пхужыIэнукъым. Ауэ зэрыхузэфIэкIкIэ абы щIодэIу. Iэщ куэд и пщIантIэ дэмытми, бжьэ егъэхъури абы зэрытригъэур пхужымыIэным хуэдизщ. Махуэ псор абы егъакIуэ бжьэ ашыкхэмрэ матэхэмрэ яхэту. Рамэхэр къыдихыурэ бжьэхэр зэрылажьэм кIэлъоплъ. «Уэлэхьэ уэ сэ слъагъур узэхъуэкIын хуейуэ арам», – жиIэнщ абы бжьэпщым и къэкIухьыкIэр игу иримыхьмэ. «Фэри егъэлеяуэ фыбэгъуи», – жиIэнщи бжьапцIэхэр, къиубыдым къыхидзурэ, игъэмэщIэнщ. Бжьэхэми яфIэфIкъым куэдрэ бгъэпIейтейуэ. ИкIи ар къыпхуагъэгъунукъым. Ар Мурид ещIэри, мэсакъ. Ауэ щыгъупщэжу, е игъэкъабзэ щхьэусыгъуэкIэ ашычыщхьэр техауэ зэман кIыхькIэ щыщигъэткIэ бжьэ губжьахэм ящыщ зы къыхэлъэту и шэрэзыр къыщыхиукIэкIэ Мурид хъущIэу щIидзэркъым. «Мис аращ уэ пхуэфащэр, лIыжь» – жеIэри епIэщIэкIыу ашычыщхьэр трепIэж. Чэзу иIэщ дэтхэнэ зыми. Бжьэхэми я Iуэхур апхуэдэщ. Уигу къыщихьэм деж уахыхьэу бгъэпIейтей хъуркъым.
Иджы бжьэ матэкIэ бжьэ зыгъэхъужыр закъуэтIакъуэщ. Нэхъыбэм ашычым зратащ. Ар нэхъ зехьэгъуафIэщ, фо зэрыщIаху машинэхэри зыхуэщIар рамэхэращ. Матэр апхуэдэкъым. Абы и кIуэцIым баш псыгъуэ цIыкIухэр щызэблагъэувыкIри матэ кIуэцIым кIэрагъэбыдэ. Абыхэм бжьэхэм безынэхэр кIэращIыхъурэ бжьэ шырхэр къышраш, фо иракIэурэ и щхьэр безыпскIэ щаеж. Бжьэматэр къиIэтурэ щиплъэкIэ, и щыпэлъагъум хуэдэу, Мурид дапщэри егъэщIагъуэ. «Тобэ истофрилэхь, инженерым хуэдэщ мы бжьэхэр. Хьэуэ, инженер дыдэми къыхуэгупсысынукъым бжьэхэм безынэхэр зэрызэхагъэувэр. Псэущхьэ губзыгъэу Алыхьым къигъэщIащ».
ГъэфI къехъулIауэ бжьэхэр хуабжьу щылажьэм деж, бжьэматэм безынэхэр щимыхуэж къохъу. Апхуэдэм деж Мурид матэм хуэфIу кумб цIыкIу къетIри матэр щхьэщеIубэ. Бжьэхэми адэкIэ безынэхэм пащIыхьурэ фо иракIэ. Кумбми имыхуэжкIэ и сэ псыгъуэ кIыхьыр къещтэри, фокIэ гъэнщIа безынэхэр къыпиупщIурэ тепсэшхуэм ирелъхьэ. ИтIанэ къеблагъэ фокIэ зыбгъэтхъэжынумэ. Абы щыщ зыIуимыгъахуэ хьэблэм зы цIыхуи къыдинэркъым. Апхуэдэу хьэблэ цIыкIухэм я махуэшхуэщ бжьэ ашычхэм дэлъ рамэхэм фор къыщыщIихукIэ. А махуэм щIакхъуэ хуабэ е лакъум Жансурэт ирегъэгъажьэри къызэпридзэжыху фо ярегъэшх, фоупс ирегъафэ. «Хущхъуэ хэлъхэу фо тIэкIу дыхуещи къыдэщэ», – жиIэурэ Мурид къыхуэкIуэхэр мащIэкъым. Ауэ зыми зы сом къыIихыркъым. «Къыдэщэ» зэрыжаIар и жагъуэ хъуауэ, фо иретри кIэлъыкIуатэурэ пщIантIэм дегъэкIыж. СыткIэми цIыхум сэбэп хуэхъуныр Мурид насыпышхуэу къелъытэ.